Зиусхьэным зыхуигъазэри жриӀащ:
– Зиусхьэн, Ӏуэхур апхуэдэу зэрыхъунур си унэ сыщӀэсу жысӀатэкъэ? СыщӀэпхъуэу Таршиш сыщӀежьари аращ. Уи гум цӀыхухэм фӀы зэрахуилъыр, гущӀэгъу зэрахууиӀэр, узэрытэмакъкӀыхьыр, уи гур цӀыхум яхуэхуабэ зэпыту зэрыщытыр, уи тезырым ухущӀегъуэжыну узэрыхьэзырыр сщӀэрт.