1
ДжакӀуэ 7:9
ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ
АдгФЛ
УхуэмыпӀащӀэ угубжьыну – губжьым тӀысыпӀэ ищӀыр делэм игуращ.
Compare
Explore ДжакӀуэ 7:9
2
ДжакӀуэ 7:14
МахуэфӀыр къихьакъэ, дэтхъэ, гуауэр къыщыплъэӀэсам дежи зыщумыгъэгъупщэ: иужькӀэ къэхъунур цӀыхум зэхимыщӀыкӀын щхьэкӀэщ мори мыри Абы къыщӀигъэщӀар.
Explore ДжакӀуэ 7:14
3
ДжакӀуэ 7:8
И ублапӀэм нэхърэ сыт хуэдэ Ӏуэхуми и кӀэухыр нэхъыфӀщ, пагагъэм нэхърэ шыӀагъэри нэхъыфӀщ.
Explore ДжакӀуэ 7:8
4
ДжакӀуэ 7:20
Захуагъэм тету псэу зэпыти, псэкӀуэдщӀагъэ зимыӀи цӀыху дунейм теткъым.
Explore ДжакӀуэ 7:20
5
ДжакӀуэ 7:12
Ӏущыгъэми дыжьыным хуэдэу укъехъумэ, ауэ ар абы зыкӀэ йофӀэкӀ: Ӏущыгъэм гъащӀэм хэлъ шынагъуэхэм пэӀэщӀэ уахуещӀ.
Explore ДжакӀуэ 7:12
6
ДжакӀуэ 7:1
Дагъэ лъапӀэ къыпщахуэ нэхърэ, уи цӀэ фӀыкӀэ къраӀуэныр нэхъыфӀщ, дунейм укъыщытехьа махуэм нэхърэ, ущытекӀыжри нэхъыфӀщ.
Explore ДжакӀуэ 7:1
7
ДжакӀуэ 7:5
Ӏулэм и уэрэдым уедаӀуэ нэхърэ, Ӏущым и гие ущӀэдэӀуныр нэхъыфӀщ.
Explore ДжакӀуэ 7:5
8
ДжакӀуэ 7:2
Ешхэ-ефэ щызэхэт унэм укӀуэ нэхърэ, гуӀэ нэпсыр щыщӀагъэкӀ унэм ущӀыхьэмэ нэхъыфӀщ: ажалыр псоми къапэщылъщ, ирегупсыс абы псэ зыӀутыр.
Explore ДжакӀуэ 7:2
9
ДжакӀуэ 7:4
Ӏущым и гур гуӀэ нэпсыр щыщӀагъэкӀ унэм щыӀэщ, Ӏулэм и гур ефэ-ешхэр щызэхэт унэм къикӀкъым.
Explore ДжакӀуэ 7:4
Home
Bible
Plans
Videos