1
Апостол Екъуб и тхылъ 3:17
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
KbdNTGP2017
Ауэ уафэм къикӀ акъылыфӀагъэр, япэрауэ къабзэщ, итӀанэ зэкӀужыныгъэ хэлъщ, гущабэщ, ӀурыщӀэщ, гущӀэгъу хэлъ зэпытщ, фӀы ищӀэ зэпытщ, захуэщ, гъэпцӀагъи хэлъкъым.
Compare
Explore Апостол Екъуб и тхылъ 3:17
2
Апостол Екъуб и тхылъ 3:13
Фэ фщыщу хэт акъыл куурэ гулъытэфӀрэ зиӀэр? Абы и дуней тетыкӀэ дэгъуэмкӀэ, акъылыфӀагъэм къыхэкӀ гущабагъэр иӀэу, и фӀыщӀагъэхэр кърегъэлъагъуэ.
Explore Апостол Екъуб и тхылъ 3:13
3
Апостол Екъуб и тхылъ 3:18
ЗэкӀужыныгъэм хэтхэращ щыпкъагъэ къызыхэкӀ жылапхъэр гузэгъэгъуэкӀэ цӀыхухэм я гум изылъхьэр.
Explore Апостол Екъуб и тхылъ 3:18
4
Апостол Екъуб и тхылъ 3:16
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фыгъуэрэ зэщыхьэныгъэрэ здэщыӀэм Ӏуэхухэр щызэӀохьэ, дэтхэнэ зы мыхъумыщӀагъэри щобагъуэ.
Explore Апостол Екъуб и тхылъ 3:16
5
Апостол Екъуб и тхылъ 3:9-10
Тхьэуэ Адэ лъапӀэм бзэгукӀэ щӀыхьышхуэ худощӀ, Тхьэм езым хуэдэу щытыну къигъэхъуа цӀыхухэм бзэгукӀи дахущӀоджэ. Жьэм щӀыхьышхуэри мыхъумыщӀэри къыжьэдокӀ. Ар апхуэдэу щытын хуейкъым, си къуэшхэ.
Explore Апостол Екъуб и тхылъ 3:9-10
6
Апостол Екъуб и тхылъ 3:6
Взэгури апхуэдэ мафӀэм хуэдэщ. Мы дунейм и бзаджагъэхэр абы тезщ. Ди пкъым щыщу бзэгуращ пкъы псор мыкъабзэ зыщӀыр икӀи гъащӀэм и шэрхъым мафӀэр щӀэзыгъанэр. Жыхьэнмэм и мафӀэр бзэгуращ зэщӀэзыгъэнар.
Explore Апостол Екъуб и тхылъ 3:6
7
Апостол Екъуб и тхылъ 3:8
ауэ бзэгур зыми игъэӀэсэн лъэкӀынукъым. Ар, бгъэувыӀэн плъэмыкӀыну, бзаджэ гуэрщ, ажал къызыхэкӀ щхъухьи хэзщ.
Explore Апостол Екъуб и тхылъ 3:8
8
Апостол Екъуб и тхылъ 3:1
Си къуэшхэ, фэ фщыщ куэдыӀуэ дин егъэджакӀуэ хъуным щӀремыкъу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ егъэджакӀуэхэм Тхьэм хьэкуму къыттрищӀыхьынур хьэкум нэхъ ткӀийуэ зэрыщытыр фощӀэ.
Explore Апостол Екъуб и тхылъ 3:1
Home
Bible
Plans
Videos