1
1 Мусэ 35:11-12
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
KbdNTGP2017
АдэкӀи къыжриӀащ Тхьэм абы: – Псори зыхузэфӀэкӀ Тхьэр Сэращ; багъуэ икӀи хэхъуэ; лъэпкъ икӀи лъэпкъ куэд дыдэ къыптехъукӀынущ уэ, пащтыхьхэри къыптехъукӀынущ. Сэ Ибрэхьимрэ Исхьэкърэ еста щӀыналъэр естынущ уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэми.
Compare
Explore 1 Мусэ 35:11-12
2
1 Мусэ 35:3
ЗытӀэтынщи, дыкӀуэнщ Бэтэл; абдежым щызухуэнщ сэ къурмэнщӀыпӀэ си тхьэмыщкӀэгъуэ махуэм сызэхэзыха икӀи сызытета гъуэгум щызигъуса Тхьэм папщӀэ.
Explore 1 Мусэ 35:3
3
1 Мусэ 35:10
КъыжриӀащ Тхьэм абы: – Уи цӀэр Екъубщ; ауэ иджы щыщӀэдзауэ уэ ЕкъубкӀэ къоджэнукъым, атӀэ уиӀэнущ уэ цӀэуэ Израил. Апхуэдэуи къыфӀищащ абы цӀэуэ Израил.
Explore 1 Мусэ 35:10
4
1 Мусэ 35:2
ЖриӀащ Екъуб езым и унагъуэми, къыдэщӀыгъу псоми: – ХыфӀэвдзэ хамэ тхьэ сурэтхэу фэ фиӀэхэр, хыфӀэвдзи, зывгъэкъэбзэж, зэфхъуэкӀ фи щыгъынхэри
Explore 1 Мусэ 35:2
5
1 Мусэ 35:1
Тхьэм Екъуб къыжриӀащ: – Ежьэ, Бэтэл кӀуэи, щыпсэу абдежым; щыухуэ къурмэнщӀыпӀэ абы уи къуэш Эсау зыщыбгъэпщкӀуу ущыщӀэпхъуэжам къыпхуэлъэгъуа Тхьэм папщӀэ.
Explore 1 Мусэ 35:1
6
1 Мусэ 35:18
Абы и псэр щыхэкӀ дыдэм, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар лӀэрт, цӀэ фӀищащ и быным: Бэн-Они. Ауэ адэр еджащ абы БиниаминкӀэ.
Explore 1 Мусэ 35:18