Фадэм зевмыгъэгъэудафэ. Абы къыхэкӀыр мыхъумыщӀэ псэукӀэщ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр нэгъэсауэ фи гум ивгъэлъ. УэрэдхэмкӀи, тхьэщӀыхь уэрэдхэмкӀи, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм фи гум кърилъхьэ уэрэдхэмкӀи фызэдежьу. Фигу псомкӀи Зиусхьэным щӀыхь хуэфщӀурэ, абы уэрэд хужыфӀэ. Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ Ӏуэху псом щхьэкӀи Тхьэуэ Адэ лъапӀэм зэпымыууэ щӀыхь хуэфщӀ.