Щыпкъагъэм и гъуэгур ящӀэу щытауэ, итӀанэ текӀыжу я щӀыб унафэ лъапӀэу апостолхэм къыхуагъэнам хуагъэзэным нэхърэ, Мэссихь и хъыбарыфӀым и гъуэгур ямыщӀатэмэ, езыхэмкӀэ нэхъыфӀт. Псалъэжь пэжым тету абыхэм къащыщӀащ: «Хьэр и къэжьахуэм деж мэкӀуэж» икӀи «ягъэкъэбзэжа кхъуэр фӀейм зыхигъэукӀуриену егъэзэж».