Тхьэуэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Адэ лъапӀэм щӀыхьышхуэр ейщ. ГущӀэгъуныгъэшхуэ зиӀэ Адэ лъапӀэу, гу зыгъэзагъэ псори къызыбгъэдэкӀ Тхьэр арщ. Сыт хуэдэ гузэвэгъуэ дыхэтми, абы дигу егъэзагъэ. Тхьэм ди гу зэрегъэзагъэм хуэдабзэу, сыт хуэдэ гузэвэгъуэм хэт цӀыхухэм ягу дгъэзэгъэн тлъэкӀынущ дэри.