1
Апостол Иуан и япэ тхылъ 2:15-16
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
KbdNTGP2017
Мы дуней хьэхури мы дуней хьэхум и Ӏуэхугъуэхэри фӀыуэ фымылъагъу. Мы дунейр фӀыуэ зылъагъу цӀыхум и гум Адэ лъапӀэм и фӀылъагъуныгъэр илъкъым. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы дуней хьэхум и Ӏуэхугъуэхэр – цӀыхухэм я гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпс Ӏуэхугъуэхэри, я нэхэр зыщӀэхъуэпс Ӏуэхугъуэхэри, цӀыхухэр зэрыпагэ Ӏуэхугъуэхэри – Адэ лъапӀэм деж къикӀыркъым, мы дунейращ ахэр къыздикӀыр.
Compare
Explore Апостол Иуан и япэ тхылъ 2:15-16
2
Апостол Иуан и япэ тхылъ 2:17
Мы дуней хьэхури мы дуней хьэхум и Ӏуэхугъуэу цӀыхухэр зыщӀэхъуэпсхэри мэкӀуэдыж, ауэ Тхьэр зыхуейр зыгъэзащӀэ цӀыхур игъащӀэкӀэ щыӀэнущ.
Explore Апостол Иуан и япэ тхылъ 2:17
3
Апостол Иуан и япэ тхылъ 2:6
«Тхьэр си псэм щыщщ» жызыӀэр Хьисэ зэрыпсэуам хуэдэу псэун хуейщ.
Explore Апостол Иуан и япэ тхылъ 2:6
4
Апостол Иуан и япэ тхылъ 2:1
Фэ, си бынхэм хуэдэхэ, гуэныхь фымыщӀэн щхьэкӀэ, мыр ныфхузотх. Зыгуэрым гуэныхь ищӀэмэ, Адэ лъапӀэм дэ тхуелъэӀуну зыгуэр щыӀэщ – ар щыпкъагъэ зигу илъ Хьисэ Мэссихьщ.
Explore Апостол Иуан и япэ тхылъ 2:1
5
Апостол Иуан и япэ тхылъ 2:4
ЦӀыху гуэрым, «Тхьэр сощӀэ», жиӀэ пэтми, Тхьэм и унафэхэр имыгъэзащӀэмэ, ар пцӀыупсщ, абы щыпкъагъи хэлъкъым.
Explore Апостол Иуан и япэ тхылъ 2:4
6
Апостол Иуан и япэ тхылъ 2:3
Тхьэр зэрытщӀэр пэжу къэзыгъэнаӀуэр абы и унафэхэр зэрыдгъэзащӀэр арщ.
Explore Апостол Иуан и япэ тхылъ 2:3
7
Апостол Иуан и япэ тхылъ 2:9
ЦӀыху гуэрым «Сэ нэхум сыхэтщ» жиӀэ пэтми, и къуэшыр илъагъу мыхъумэ, ар кӀыфӀыгъэм хэтщ иджыри.
Explore Апостол Иуан и япэ тхылъ 2:9
8
Апостол Иуан и япэ тхылъ 2:22
Хэт атӀэ пцӀы зыупсыр? Хьисэ зэры-Мэссихьыр зымыдэр арщ. Апхуэдэ цӀыхуращ Антихристыр – Адэ лъапӀэри Къуэ лъапӀэри зымыдэрщ.
Explore Апостол Иуан и япэ тхылъ 2:22
9
Апостол Иуан и япэ тхылъ 2:23
Къуэ лъапӀэр зымыдэм и псэм Адэ лъапӀэри хэлъкъым. Къуэ лъапӀэр зыдэм и псэм Адэ лъапӀэри хэлъщ.
Explore Апостол Иуан и япэ тхылъ 2:23
Home
Bible
Plans
Videos