Пщыхьэщхьэшхэ нэужьым, Зиусхьэным фалъэр къищтэри, жиӀащ: «Мы фалъэм ит санэр Тхьэм езымрэ фэрэ фяку къыдилъхьэ зэгурыӀуэныгъэщӀэращ. А зэгурыӀуэныгъэщӀэр зыгъэщыпкъэр сэ жорым щысщӀэкӀыну лъыращ. Мы санэм фефэн хъумэ, фигу сыкъэвгъэкӀыжын щхьэкӀэ, фефэ». Зиусхьэныр къэкӀуэжыху, мы щӀакхъуэр фшхын хъуми, мы фалъэм итым фефэн хъуми, Зиусхьэныр зэрылӀам и хъыбарыр абыкӀэ фӀуатэу арщ.