Лукас 16

16
Гуэнтет хьэрэмыгум теухуа щӀагъыбзэ
1Хьисэ и гъэсэнхэм яжриӀащ итӀанэ:
– ЦӀыху къулей гуэрым гуэнтет иӀэт. Гуэнтетым уи мылъкур Ӏисраф пфӀещӀ, жаӀэри къулейм бзэгу хуахьащ. 2Арати, абы гуэнтетыр ириджэри, къеупщӀащ: «Уэр щхьэкӀэ жаӀэу зэхэсхыр сыт? Си мылъкур зэрызепхьэмкӀэ жэуап тэмэму къызэтыт, уэ си мылъкур афӀэкӀ пӀэщӀэлъыжынукъым».
3«Сыт иджы сщӀэнур? – жиӀащ гуэнтетым игукӀэ. – Си тхьэмадэм си лэжьыгъэр стрехыж. ЩӀы къысхуэтӀынукъым, факъырэӀус сыщӀэлъэӀуну си дзэр мэш. 4Си лэжьыгъэр стрихыжмэ, цӀыхухэм я унэ сыщӀагъэхьэн щхьэкӀэ, сщӀэнур къэсщӀащ». 5Арати, гуэнтетым и тхьэмадэм и щӀыхуэ зытелъ цӀыхухэр зырызурэ къриджэу щӀидзащ. «Си тхьэмадэм ептыжын хуейуэ дапщэ птелъыр?» – еупщӀащ гуэнтетыр зым. 6«Дагъэ фэндырищэ стелъщ», – жиӀащ абы. «Мис уи щӀыхуэ тхылъыр, тӀыси, щэм и пӀэкӀэ псынщӀэу щэ ныкъуэ итхэ». 7Гуэнтетыр къыкӀэлъыкӀуэм еупщӀащ: «Уэ дапщэ птелъыр?» «Гуэдз къэпищэ стелъщ», – жиӀащ абыи. «Уи щӀыхуэ тхылъыр къащти, пщӀей итхэ», – жиӀащ гуэнтетым.
8Тхьэмадэр гуэнтет хьэрэмыгум щытхъуащ губзыгъэу къызэрыщӀэкӀам щхьэкӀэ; сыту жыпӀэмэ Тхьэм и бынхэм елъытауэ, мы дуней нэпцӀым и бынхэр нэхъ губзыгъэу къыщӀокӀ, езыхэм ещхь гуэрхэм Ӏуэху щыдащӀэкӀэ. 9НывжызоӀэ, мы дуней нэпцӀым щывиӀэ мылъкумкӀэ ныбжьэгъу зэвгъэгъуэт, фи мылъкур фыуха нэужь, мыкӀуэдыжын псэупӀэхэм абыхэм фрагъэблэгъэн щхьэкӀэ.
10МащӀэмкӀэ пэж цӀыхур куэдымкӀи пэжу щытынущ. МащӀэмкӀэ пэжу щымытыр куэдымкӀи пэжу щытынукъым. 11Мы дуней нэпцӀым пыщӀа мылъкур дзыхь зыхуащӀ хъун цӀыхуу фыщымытмэ, хэт фэ мылъку нэсыр фи ӀэмыщӀэм изылъхьэнур? 12Хьэмэрэ хамэ мылъкур дзыхь зыхуащӀ хъун цӀыхуу фыщымытмэ, фэ езым фыфей хъун мылъку хэт къывэзытынур? 13Зы лӀыщӀэр тхьэмадитӀым зэуэ хуэлӀыщӀэн лъэкӀынукъым; сыту жыпӀэмэ зыр фӀыуэ имылъагъуу, адрейр илъагъуу щытынущ; зым хуэпэжу, адрейм нэмыплъ ириту щытынущ. Тхьэми мылъкуми зэхуэдэу фыхуэлэжьэн флъэкӀынукъым.
14Ахъшэ фӀыуэ зылъагъу фарисейхэм ар щызэхахым, Хьисэ ауан къащӀащ. 15Ауэ Хьисэ абыхэм яжриӀащ:
– ЦӀыху щыпкъэу адрейхэм закъыщывгъэхъу щхьэкӀэ, фи гум илъыр Тхьэм ещӀэ. ЦӀыхухэм пщӀэ зыхуащӀ Ӏуэхугъуэхэр Тхьэм дежкӀэ гущыкӀыгъуэщ.
Тхьэм и Хабзэр зэи кӀуэдыжынукъым
16– Теурэтымрэ бегъымбархэм я тхылъхэмрэщ щыӀар, Яхья къэкӀуэху. Иджы Тхьэм и Тепщэныгъэм и хъыбарыр яӀуатэу щӀадзащ икӀи абы и жьауэм щӀэувэну хэти хуабжьу щӀокъу. 17Уафэри щӀылъэри нэхъ кӀуэдыжыгъуафӀэ хъунущ Теурэт Хабзэм зы хьэрф хэкӀуэдыкӀыным нэхърэ.
Фыз игъэкӀыжыным теухуауэ
18– Зи фыз изыгъэкӀыжу нэгъуэщӀ фыз къэзышэжым зинэ ищӀауэ мэхъу. Абы хуэдэу, кърагъэкӀыжа фыз къэзышэми зинэ ещӀэ.
Къулеижьымрэ Лазыррэ
19– Къулеижь гуэр псэурт, – къыпищащ Хьисэ. – Абы зыкърихыу зихуапэрт, махуэ къэс ефэу, ешхэу, и нэгу зригъэужьу псэурт. 20Къулеижьым и куэбжэм деж зы факъырэ Ӏулът, Лазыр и цӀэу. Лазырым и щӀыфэр бэгум зэщӀищтат. 21Къулеижьым и Ӏэнэм къехуэх кӀэрыхубжьэрыхухэмкӀэ и ныбэм из ищӀыну хъуапсэрт ар. Хьэхэр къыбгъэдэлъадэурэ, и щӀыфэм тет бэгухэм къебзейрт. 22Арати, факъырэр лӀащ икӀи мелыӀычхэм ар Ибрэхьим деж яхьри бгъэдагъэтӀысхьащ. 23Къулеижьри лӀэри щӀалъхьэжащ. Жыхьэнмэм щыӀэу и псэм хьэзабыр телъу, и нэр иӀэтщ, дэплъейри, жыжьэу Ибрэхьим илъэгъуащ, Лазыри абы бгъэдэсу. 24Щилъагъум, джащ: «Ди адэ Ибрэхьим, гущӀэгъу къысхуэщӀ. Лазыр къысхуэгъакӀуи, и Ӏэпэр псым хищӀэурэ си бзэгур схуегъэгъэупщӀыӀу, сыту жыпӀэмэ мы мафӀэ сызыхэтым хуабжьу гугъу сыщохь».
25«Си щӀалэ, – жиӀащ Ибрэхьим, – уигу къэгъэкӀыж дунейм ущытетам уэ фӀыгъуэ ущымыщӀэу, Лазыр гугъу ехьу зэрыщытар. Иджы ар мыбы щотынш, уэ абы гугъу ущохь. 26Абы къищынэмыщӀауэ, фэрэ дэрэ дякум щыхупӀэ куу дэлъщ, мыбы никӀыу абы нэкӀуэну хуейр нэмыкӀуэфын икӀи абы къикӀыу мыбы къэкӀуэну хуейр къэмыкӀуэфын щхьэкӀэ».
27«АтӀэ ди адэ, – жиӀащ къулейуэ щытам, – сынолъэӀу, си адэм и унэм Лазыр схуэбгъэкӀуэну. 28Къуэшитху сиӀэщи, ахэри мы хьэзаб шэчыпӀэм къэмыкӀуэн щхьэкӀэ, сакъыну схужрегъэӀэж».
29«Абыхэм Мусэрэ бегъымбархэмрэ я тхылъхэр яӀэщ, а тхылъхэм ярытым тету ирепсэу», – жиӀащ Ибрэхьим.
30«Хьэуэ, ди адэ Ибрэхьим, – жиӀащ къулеижьу щытам, – лӀахэм я лӀыкӀуэу зыгуэр яхуэкӀуэмэ, тобэ къахьыжынущ».
31«Мусэрэ бегъымбархэмрэ я тхылъхэм ярытым тету мыпсэумэ, лӀахэм зыгуэр къахэтэджыкӀыжми, я фӀэщ хъунукъым», – къитыжащ жэуап Ибрэхьим.

Zur Zeit ausgewählt:

Лукас 16: АдгФЛ

Markierung

Teilen

Kopieren

None

Möchtest du deine gespeicherten Markierungen auf allen deinen Geräten sehen? Erstelle ein kostenloses Konto oder melde dich an.