Лукас 17
17
Хьисэ и гъэсэнхэр зэриущияр
1– ЦӀыхур гуэныхьым тезыгъэгушхуэ гуэр сыт щыгъуи щыӀэнущ. Ауэ гъуэгу мыгъуэ теуващ цӀыхур гуэныхь щӀэным тезыгъэгушхуэр, – яжриӀащ Хьисэ и гъэсэнхэм. 2– Апхуэдэ цӀыхум дежкӀэ и пщэм щхьэл мывэ иращӀэрэ хым хадзэмэ, нэхъыфӀщ мы къызэрыгуэкӀ цӀыхухэм ящыщ зы гуэныхь щӀэным тригъэгушхуэ нэхърэ. 3Аращи, фысакъ! Уи къуэшым гуэныхь зыпылъ Ӏуэху илэжьмэ, гуэныхь къызэрихьар жеӀи, тобэ къихьыжмэ, хуэгъэгъу. 4Уеблэмэ зы махуэм къриубыдэу блэнейрэ къокъуэншэкӀрэ гуэныхь къихьмэ, хуэгъэгъу, къигъэзэжрэ, «сыхущӀегъуэжащ» къыбжиӀэху.
5– Ди фӀэщхъуныгъэр нэхъ ин тхуэщӀ, – къелъэӀуащ Зиусхьэным и лӀыкӀуэ пщыкӀутӀыр.
6– Андэгурэдэгум и жылэм хуэдиз хъун фӀэщхъуныгъэ фиӀэу мы жыгым «Уи лъабжьэ дыдэм деж зыкъыщыхэтхъи, хым зыщыхэсэ» жефӀэмэ, къывэдэӀуэнущ, – жиӀащ Зиусхьэным.
7– Фэ фщыщ гуэрым и унэӀутым щӀы ивэу е мэл игъэхъуу жытӀэнщ. АтӀэ унэӀутыр губгъуэм къикӀыжа нэужь, «ПсынщӀэу къакӀуи, Ӏэнэм къэтӀыс» жепӀэну абы? 8Си гугъэкъым жепӀэну. Абы и пӀэкӀэ: «Пщыхьэщхьэшхэ къысхуэгъэхьэзыр икӀи уи бгыр щӀэпхи, сышхэху, сефэху къысщхьэщыт, итӀанэ уэ езыр шхэ икӀи ефэ» жыпӀэнукъэ? 9Уи унафэр зэригъэзащӀэм щхьэкӀэ фӀыщӀэ хуэпщӀыну уи унэӀутым? Си гугъэкъым хуэпщӀыну. 10Фэри вгъэзэщӀэн хуей къалэныр щывгъэзащӀэкӀэ, мыпхуэдэу жыфӀэ: «Мыхьэнэ зимыӀэ дыунэӀутщ дэ, длэжьын хуейр длэжьауэ аркъудейщ».
Уэшын уз зэфыкӀ лӀипщӀ Хьисэ зэригъэхъужар
11Ерусэлим щыкӀуэм, Хьисэ Самариемрэ Гэлилеймрэ я кум дэту кӀуэцӀрыкӀащ. 12Жылэ гуэрым щыдыхьэм, уэшын уз зэфыкӀ лӀипщӀ къыӀущӀащ. Хьисэ пэӀэщӀэу къэувыӀэри, 13макъышхуэкӀэ къэджащ ахэр:
– Хьисэ! УщиякӀуэ! ГущӀэгъу къытхуэщӀ.
14Хьисэ ахэр щилъагъум, мыпхуэдэу яжриӀащ:
– ФыкӀуи, дин гъуазэхэр зэвгъэплъ.
Сымаджэхэр ежьэри, гъуэгу тетыхукӀэ узыр япкърыкӀыжащ. 15Сымаджэу щыта лӀипщӀым ящыщ зым зэрыхъужар щилъагъум, Тхьэм макъышхуэкӀэ щӀыхь хуищӀурэ къигъэзэжщ, 16и нэкӀумкӀэ щӀым еӀусэу Хьисэ и лъабжьэм зыщӀидзэри, фӀыщӀэшхуэ хуищӀащ. А лӀыр езыр Самарие хэкум щыщт, хамэт.
17– Псори фыхъужатэкъэ? – жиӀащ Хьисэ. – АтӀэ адрей бгъур дэнэ здэщыӀэр? 18Къигъэзэжу Тхьэм щӀыхь хуэзыщӀын къахэмыкӀауэ ара абыхэм, мы хамэ цӀыхум фӀэкӀа? – 19Хьисэ а цӀыхум мыпхуэдэу жриӀащ итӀанэ: – Уи фӀэщхъуныгъэм уигъэхъужащ, тэджи, кӀуэж.
Тхьэм и Тепщэныгъэр къыщысыну пӀалъэм фарисейхэр щӀоупщӀэ
20– Тхьэм и Тепщэныгъэр къыщысынур дапщэщ? – жаӀэу фарисейхэр Хьисэ щеупщӀым, мыпхуэдэу къажриӀащ:
– Тхьэм и Тепщэныгъэр нэрылъагъуу къэкӀуэнукъым, 21икӀи «Мес е мис ар» жаӀэнукъым, сыту жыпӀэмэ Тхьэм и Тепщэныгъэр фэ езым къыфхэтщ.
22Хьисэ и гъэсэнхэм мыр яжриӀащ итӀанэ:
– ЦӀыхум и Къуэм и махуэхэм щыщ зы «тлъагъужарэт» щыжыфӀэну зэман къэкӀуэнущ, ауэ флъагъужынукъым. 23«Мыдэ щыӀэщ ар», е «модэ щыӀэщ» къывжаӀэнущ, ауэ факӀэлъемыжьэ апхуэдэу жызыӀэхэм, фи пӀэ фисыж, 24сыту жыпӀэмэ уафэм и зы гъунэм къыщыщӀэдзауэ адрей гъунэм нэсыху уафэхъуэпскӀым уэгур къызэригъэнэхум хуэдэу, ЦӀыхум и Къуэри къэлъэгъуэнущ, мы дунейм къыщигъэзэжкӀэ. 25Ауэ япэщӀыкӀэ гугъуехь куэд игъэвын икӀи мы щӀэблэм ямыдэу зыхахун хуейщ ар.
26ЦӀыхум и Къуэм и къэгъэзэжыгъуэм и пэ къихуэу дунейм и щытыкӀэнур Нухь и зэманым дунейм и щытыкӀам ещхьыркъабзэу щытынущ. 27Нухь и зэманым цӀыхухэр ефэу, ешхэу, фыз къашэу, лӀы дэкӀуэу щытащ, Нухь кхъухьым щитӀысхьа махуэм нэсыху. ИтӀанэ псыдзэр къащӀэуэри псори хэкӀуэдащ. 28ЛутӀ и зэманми дунейр апхуэдэу щытащ: цӀыхухэр ефэу, ешхэу, зыгуэр къащэхуу, ящэу, гъавэ ягъэкӀыу, унэ яухуэу. 29Ауэ ЛутӀ Сэдом къалэм къыщыдэкӀа махуэм мафӀэрэ тхъуэбзащхъуэрэ къалэм къытехэри, псори зэтрисхьащ.
30ЦӀыхум и Къуэр цӀыхухэм къащыхуэлъэгъуэну махуэми дунейр апхуэдэу щытынущ. 31А махуэм унащхьэм тетыр къремых унэм щӀэлъ и щыгъыныр къищтэну, губгъуэм итми и унэм иремыгъэзэж. 32ЛутӀ и фызым къыщыщӀар#17:32 ЛутӀ и фызым къыщыщӀар – ЛутӀ и фызыр Сэдом къалэм мафӀэ къытемыхэ щӀыкӀэ къыдаша пэтми, и гур а къалэм къыдина мылъкумкӀэ плъэрти, хэкӀуэдауэ щытащ. фигу къэвгъэкӀыж. 33Зи псэр зыхъумэжыну хуейм и псэр фӀэкӀуэдынущ, зи псэр зытым и псэр хъума хъунущ. 34НывжызоӀэ, а жэщым цӀыхуитӀ зы пӀэм хэлъу щытынущ, ауэ мелыӀычхэм зыр къагъэнэнурэ адрейр здащтэнущ. 35ЦӀыхубзитӀ зэгъусэу хьэжэнущ, ауэ мелыӀычхэм зыр къагъэнэнурэ адрейр здащтэнущ. 36ЦӀыхуитӀ губгъуэм итынущ, ауэ мелыӀычхэм зыр къагъэнэнурэ адрейр здащтэнущ.
37– Зи щӀыхьыр ин, дэнэ ар къыщыхъунур? – еупщӀащ цӀыхухэр Хьисэ.
– Хьэдэ здэщыӀэм хьэдэ зышх бгъэжьхэр къыщетӀысэхынущ, – къаритыжащ жэуап Хьисэ.
Zur Zeit ausgewählt:
Лукас 17: АдгФЛ
Markierung
Teilen
Kopieren

Möchtest du deine gespeicherten Markierungen auf allen deinen Geräten sehen? Erstelle ein kostenloses Konto oder melde dich an.
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021