Logo YouVersion
Ikona Hľadať

Руфэ Хэзыгъэгъуазэ

Хэзыгъэгъуазэ
Гузэвэгъуэшхуэ къытепсыхэу, иужьым куэду Тхьэм и нэфӀ къызыщыхуа, исрэӀил лъэпкъым щыщ зы унагъуэ теухуа хъыбарщ мыр, тхыдэм щыщу. Къыщыхъуар ИсрэӀилырщ, илъэс минищ хуэдэ и пэкӀэ. А зэманым исрэӀил лъэпкъым пащтыхь яӀэу щытакъым, къэралыр зезыгъакӀуэр хеящӀэрт. ХеящӀэм и къалэныр зэригъэзащӀэм къищынэмыщӀауэ, гъунэгъу лъэпкъхэр къащытеуэм деж ар дзэ паши хъурт. ЦӀыхубэратэкъым хеящӀэр тезыгъэувэр, атӀэ езы Тхьэм къыхихырт, абы къыхэкӀкӀэ, хеящӀэр къулыкъу лъагэт.
ИсрэӀил лъэпкъыр Тхьэм къыщыбгъэдэкӀа зэмани щыӀащ. Къагъэзэжын папщӀэ, абыхэм гъэунэхуныгъэ зэмылӀэужьыгъуэхэр, насыпыншагъэхэр къахуигъакӀуэрт Тхьэм, зауэ, гъаблэ сыт жыпӀэми. Руфэ теухуа тхылъыр къыбгурыӀуэн папщӀэ, абы щыгъуэ зекӀуа хабзэхэм, Мусэ бегъымбарым Теурэтым щитхыжахэм уащыгъуазэу щытын хуейщ. Мы тхылъым псом хуэмыдэу гулъытэшхуэ хуещӀ «щэхужакӀуэ» цӀыхум иӀа къалэнхэм. Пасэм ИсрэӀилым щэхужакӀуэ щыхъужыр Ӏыхьлы гъунэгъут, Теурэт ХабзэмкӀэ къалэн хэхахэр иӀэу. ЩэхужакӀуэм и Ӏыхьлым и лъапсэр къищэхужын хуейт, абы ар ӀэмалыншагъэкӀэ ищэн хуей хъумэ, икӀи и Ӏыхьлыр къищэхужын хуейт, ар пщылӀыпӀэ ихуамэ. И Ӏыхьлым илъ ищӀэжынуи абы къытехуэрт. Бын къыщӀэмынэу и Ӏыхьлыр дунейм ехыжмэ, щэхужакӀуэм абы и фыз къыщӀэнар щхьэгъусэ ищӀын хуейт. Абы щыгъуэ япэу къалъху къуэр дунейм ехыжам и къуэу ябжырт, икӀи абы къыщӀэна мылъкур, лъапсэр зэрыщыту сабийм къылъысырт. Дунейм ехыжар лъэужьыншэу мыкӀуэдыжу къанэрт апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ.
НэгъуэщӀ хабзи ущрохьэлӀэ Руфэ теухуа тхылъым, тхьэмыщкӀэхэмрэ хэхэсхэмрэ къыщхьэщыжу. А хабзэм хуэмыщӀахэр хуит ищӀырт, гъавэр Ӏуахыжа нэужь, щхьэмыж кӀэрыхуахэр губгъуэм къыщащыпыну. Абы ипкъ иткӀэ гъавэр къэзыхыжхэм тхьэмыщкӀэхэм папщӀэ губгъуэм щхьэмыж къранэн хуейт.
Руфэ теухуа тхылъым наӀуэ ещӀ Тхьэм исрэӀил лъэпкъым зэрыпсэуну хабзэ яхуигъэуву, Тхьэм щыгугъыу икӀи и унафэм щӀэту псэухэм Абы и нэфӀ къащыхуэу зэрыщытар.
НэгъуэщӀ лъэпкъым щыщхэри Тхьэм къыхиха лъэпкъым щыщ зэрыхъуфынум, Тхьэм и жьауэ зэрыщӀэувэфынум и щапхъэ наӀуэщ Руфэ и хъыбарыр. Абы быдэу ди фӀэщ ещӀ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэри, зыщыщ лъэпкъым емылъытауэ, Тхьэм къызэрищтэр. Руфэ нэгъуэщӀ лъэпкъ къыхэкӀами, Тхьэм и лъэпкъым щыщ хъуащ. БоӀэз дэкӀуэри, абы къуэ игъуэтащ. Пащтыхьышхуэ Даут бегъымбарым и адэ Исий Руфэ и къуэрылъхущ.

Zvýraznenie

Zdieľať

Kopírovať

None

Chceš mať svoje zvýraznenia uložené vo všetkých zariadeniach? Zaregistruj sa alebo sa prihlás

YouVersion používa súbory cookies na prispôsobenie tvojho zážitku. Používaním našej webovej stránky súhlasíš s používaním cookies tak, ako je popísané v našich Zásadách ochrany osobných údajov