1
Апостол. 4:12
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
KbdNTGP2017
– ЦӀыхухэр мыкӀуэду къезыгъэлыр Хьисэ и закъуэщ. Абы и цӀэм нэмыщӀ, дымыкӀуэду дыкъезыгъэлыфын Тхьэм уафэм и щӀагъым щӀэт цӀыхухэм иритауэ зыри щыӀэкъым.
താരതമ്യം
Апостол. 4:12 പര്യവേക്ഷണം ചെയ്യുക
2
Апостол. 4:31
Тхьэм елъэӀуа нэужь, ахэр щызэхуэса щӀыпӀэм щӀыр щыхъеящ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр псоми я гум хуабжьу хыхьауэ, гушхуэныгъэшхуэ яхэлъу, Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм хуаӀуатэрт абыхэм.
Апостол. 4:31 പര്യവേക്ഷണം ചെയ്യുക
3
Апостол. 4:29
Иджы, Зиусхьэн, «ФыкъыдэмыдаӀуэу щытмэ, фэдгъэпшыныжынущ», жаӀэурэ абыхэм зэрыжаӀэм еплъ, уэ уи псалъэхэр цӀыхухэм дытегушхуауэ хуэтӀуэтэну дэ, уи ӀурыщӀэхэм, къару къыдэт.
Апостол. 4:29 പര്യവേക്ഷണം ചെയ്യുക
4
Апостол. 4:11
Аращ «ухуакӀуэхэм зрамыпэсу хыфӀадзэжа мывэу унэр зэтезыӀыгъ мывэ лъабжьэ хъуар».
Апостол. 4:11 പര്യവേക്ഷണം ചെയ്യുക
5
Апостол. 4:13
Журт пашэхэм Петррэ Иуанрэ яӀэ гукъыдэжыр щалъагъум, ахэр щӀэныгъэ зимыӀэ цӀыху къызэрыгуэкӀыу зэрыщытми гу щылъатэм, ягъэщӀэгъуащ, Хьисэ зэригъусари къащӀащ.
Апостол. 4:13 പര്യവേക്ഷണം ചെയ്യുക
6
Апостол. 4:32
ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ псори ягурэ я псэкӀэ зыт. Зыми и мылъкум теухуауэ «Мыр сысейщ» жиӀэртэкъым, атӀэ яӀэ псори я зэхуэдэт.
Апостол. 4:32 പര്യവേക്ഷണം ചെയ്യുക