Logo YouVersion
Icona Cerca

Апокалипсис 22

22
22-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
1ЦӀыхухэм гъащӀэ къезыт псыуэ кристаллым хуэдэу къабзэр мелыӀычым сигъэлъэгъуащ итӀанэ. Тхьэмрэ Щынэмрэ я тахътэм къикӀыу, 2а къалэм и уэрамым и кум ирожэ ар. А псышхуэм и бгъуитӀми гъащӀэ къэзыт жыг Ӏутщ, илъэсым пщыкӀутӀрэ, мазэ къэс зэ къыпыкӀэу. А жыгым и тхьэмпэхэм лъэпкъхэм я узыфэхэр ягъэхъуж. 3А къалэм Тхьэм и ней зыщыхуа дэсынукъым. Тхьэмрэ Щынэмрэ я тахътэр а къалэм щыӀэнущ. Тхьэм хуэӀурыщӀэхэм ар ягъэлъэпӀэнущ. 4Тхьэм и нэгур ялъагъунущ абыхэм, и цӀэри я натӀэхэм тетхауэ щытынущ. 5Жэщ хъужыныкъым. Уэздыгъэм и нэхуи, дыгъэм и нэхуи хуэныкъуэжынукъым ахэр, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэну Тхьэм нэху яритынущ. Тепщэныгъэ яӀэнущ игъащӀэкӀэ.
Мэссихь куэд мыщӀэу къэкӀуэжынущ
6МелыӀычым мыпхуэдэу къызжиӀащ итӀанэ:
– Мыхэр узыщыгугъ хъун псалъэ пэжщ. Бегъымбар лъапӀэхэм я Зиусхьэну Тхьэм, куэд мыщӀэу къэхъун хуей Ӏуэхугъуэхэр езым хуэӀурыщӀэ цӀыхухэм яригъэлъагъун щхьэкӀэ, и мелыӀычыр къигъэкӀуащ.
7– КъэдаӀуэ, – жеӀэ Хьисэ, – куэд мыщӀэу сыкъэкӀуэжынущ. Тхьэм деж къикӀауэ, мы тхылъым ит псалъэу къэхъуну Ӏуэхугъуэхэм ятеухуахэм едаӀуэр гъуэгу махуэ теуващ.
8Сэ сы-Иуанщ, мы Ӏуэхухэр зэхэзыхар икӀи зылъэгъуар сэращ. Мы Ӏуэхухэр зэхэсхыу, си нэгу щӀэкӀа нэужь, ахэр сэзыгъэлъагъуа мелыӀычыр згъэлъэпӀэну и лъакъуэхэм деж зыщездзыхащ.
9Апхуэдэу умыщӀэ, – къызжиӀащ абы. – Уэрэ уи къуэш бегъымбархэмрэ, мы тхылъым итхэр зыгъэзащӀэ цӀыху псори срагъусэу, сэри Тхьэм сыхуолажьэ. Тхьэращ бгъэлъэпӀэн хуейр.
10– Тхьэм деж къикӀауэ, мы тхылъым ит псалъэу къэхъуну Ӏуэхугъуэхэм ятеухуам мыхъур ятумыдзэ, – къыпищащ абы, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ пӀалъэр къэблэгъащ. 11Бзаджагъэ зылэжьыр бзаджагъэ илэжьыным хрет дяпэкӀи. ФӀеигъэм хэтри хрет иджыри. Щыпкъагъэр зылэжьыри щыпкъагъэр илэжьыным хрет. Зи гур къабзэ цӀыхум и гур къабзэ зэпыт ирехъу.
12– КъэдаӀуэ, – жеӀэ Хьисэ, – куэд мыщӀэу сыкъэкӀуэжынущ. Дэтхэнэми хуэфащэ Ӏыхьэр ныздызохь, дэтхэнэми илэжьам хуэфащэри естыжынущ. 13Алфэри Омегэри, япэрейри иужьрейри, ублапӀэри кӀэухри сэращ.
14– ЦӀыхухэм гъащӀэ къезыт жыгым#22:14 цӀыхухэм гъащӀэ къезыт жыгыр – еплъ 2:7. къыпыкӀэм щыщ яшхыну икӀи къалэм куэбжэмкӀэ дыхьэну хуит хъун щхьэкӀэ, Тхьэм и унафэхэр зыгъэзащӀэхэр гъуэгу махуэ теуващ. 15Ауэ хьэхэри, удыгъэм хэтхэри, зинэ зыщӀэхэри, лӀыукӀхэри, тхьэ нэпцӀ зыгъэлъапӀэхэри, пцӀыӀуэпцӀышагъэр фӀыуэ илъагъуу зыгъэзащӀэ дэтхэнэри а къалэм зэрыдыхьэным пыкӀащ.
16– Сэ сы-Хьисэщ. Мы ӀуэхухэмкӀэ фи члисэ зэхуэсхэм щыхьэт къыфхуэхъуну си мелыӀычыр нэзгъэкӀуащ. Даут пащтыхьым и унагъуэ лъэпкъым къытехъукӀа бын лъапӀэр сэращ. Нэхущ вагъуэ нэхури сэращ.
17Тхьэм и Псэ ЛъапӀэми нысащӀэми жаӀэ: «КъакӀуэ!» Ар зэхэзыхми жреӀэ: «КъакӀуэ!» Хэтми, псы хуэлӀэр кърекӀуэ. Хэт хуейми, цӀыхухэм гъащӀэ къезыт псым пщӀэ щӀимыту ирефэ.
18Тхьэм деж къикӀауэ, мы тхылъым ит псалъэу къэхъуну Ӏуэхугъуэхэм теухуар зэхэзых дэтхэнэри зыхуэсакъыжыну жызоӀэ. Мы тхылъым ит псалъэхэм цӀыху гуэрым зыгуэр хилъхьэмэ, мы тхылъым зи хъыбар ит гугъуехьышхуэхэр Тхьэм абы трилъхьэнущ. 19Тхьэм деж къикӀауэ, мы тхылъым ит псалъэу къэхъуну Ӏуэхугъуэхэм теухуахэм цӀыху гуэрым зыгуэр хигъэщӀмэ, а цӀыхум и ӀыхьэфӀыр Тхьэм къыӀихынущ. МыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм я цӀэхэр зэрыт тхылъымкӀи, къалэ лъапӀэмкӀи, мы тхылъым зи хъыбар ит ӀуэхухэмкӀи Тхьэм а цӀыхум и Ӏыхьэр къыӀихынущи.
20Мы Ӏуэхухэм щыхьэт техъуэм жеӀэ: «Аращ, куэд мыщӀэу сыкъэкӀуэжынущ».
Ӏэмин. КъэкӀуэж, Зиусхьэн Хьисэ!
21Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и нэфӀ фэ псоми къыфщрехуэ. Ӏэмин.

Evidenziazioni

Condividi

Copia

None

Vuoi avere le tue evidenziazioni salvate su tutti i tuoi dispositivi?Iscriviti o accedi

YouVersion utilizza i cookie per personalizzare la tua esperienza. Utilizzando il nostro sito Web, accetti il nostro utilizzo dei cookie come descritto nella nostra Privacy Policy