Лукас 24

24
Хьисэ лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжар
1Тхьэмахуэ махуиблым и япэ махуэм#24:1 Тхьэмахуэ махуиблым и япэ махуэм – ди нобэрей тхьэмахуэ махуэрщ. , нэхулъэ къищӀа къудейуэ, бзылъхугъэхэр кхъэлэгъунэм кӀуащ, ягъэхьэзырауэ щыта дагъэхэр яӀыгъыу. 2Щынэсым, кхъэлэгъунэм ӀугъэукӀурияуэ Ӏулъа мывэшхуэр Ӏумылъыжу ирихьэлӀащ. 3Кхъэлэгъунэм щыщӀыхьэм, Зиусхьэн Хьисэ и хьэдэр абы щӀэлъу ягъуэтакъым. 4Къэхъуар къагурымыӀуэу здэщытым, я пащхьэм цӀыхухъуитӀ напӀэзыпэм къиуващ, зэщӀэлыдэ щыгъынкӀэ хуэпауэ. 5Бзылъхугъэхэр шынауэ, я щхьэхэр щрагъэзыхым, цӀыхухъуитӀым мыпхуэдэу жаӀащ:
– Сыт псэур лӀахэм я деж къыщӀыщыфлъыхъуэр? 6Ар мыбы щӀэлъыжкъым, лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ. Гэлилейм щыщыӀам Абы къывжиӀауэ щытакъэ 7ЦӀыхум и Къуэр гуэныхьлыхэм ӀэщӀалъхьэн, жорым ираӀулӀын зэрыхуейр икӀи ещанэ махуэм лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжынур?
8Хьисэ апхуэдэу жиӀауэ зэрыщытар абыхэм ягу къэкӀыжащ. 9Арати, абыхэм ягъэзэжри, Хьисэ и гъэсэн пщыкӀузми абыхэм я гъусэхэми псори хуаӀуэтэжащ. 10А бзылъхугъэхэм я цӀэхэр мыращ: Магдалэ жылэм щыщ Мэрям, Иухьанэ, Екъуб и анэ Мэрям, нэгъуэщӀхэри. Ахэращ Хьисэ и лӀыкӀуэхэм къэхъуар яхуэзыӀуэтэжар. 11АрщхьэкӀэ абыхэм я псалъэм къикӀ щымыӀэу къалъытащ мыдрейхэм, я фӀэщи хъуакъым. 12Ауэ Питрэс къэтэджри, кхъэлэгъунэм жащ. Зригъэзыхыу щыщӀэплъэм, джэбын фӀэкӀа зыри илъэгъуакъым. ИтӀанэ къэхъуар игъэщӀагъуэу, къыӀукӀыжащ.
Хьисэ и гъэсэнитӀым къазэрыӀущӀар
13Хьисэ и гъэсэнхэм ящыщ цӀыхуитӀ Ерусэлим километр пщыкӀузкӀэ пэжыжьэ Емэус жылэм кӀуэрт а махуэм. 14Иужьрей махуэ зыбжанэм я нэгу щӀэкӀарат зытепсэлъыхьыр ахэр. 15Зэпсалъэрэ зэдауэу здэкӀуэм, Хьисэ абыхэм ябгъэдыхьэри гъусэ захуищӀащ. 16АрщхьэкӀэ абыхэм Хьисэ къацӀыхужакъым, я нэхэм тепхъуэ телъ хуэдэти.
17– Гъуэгуанэ фытету фызытепсэлъыхьыр сыт? – еупщӀащ абыхэм Хьисэ.
ТӀуми я нэгур зэхэуауэ, къэувыӀащ.
18– Ерусэлим къэкӀуахэм уэ зым уи закъуэу къыщӀэкӀынщ мы махуэхэм абы къыщыхъуар зымыщӀэр, – жиӀащ зым, Клеопэ зи цӀэм.
19– АтӀэ сыт Ерусэлим къыщыхъуауэ жыхуэфӀэр? – еупщӀащ абы Хьисэ.
– Нэзэрэт щыщ Хьисэ иращӀаращ зи гугъу тщӀыр, – жаӀащ абыхэм. – Ар и ӀуэхущӀафэкӀи и ущиекӀи бегъымбар лъэщу Тхьэми цӀыхухэми я пащхьэм итащ. 20Ауэ Абы дин гъуазэ нэхъыщхьэхэмрэ ди лъэпкъ унафэщӀхэмрэ укӀ тралъхьэри, жорым ирырагъэӀулӀащ. 21Ара ди гугъэрт израил лъэпкъыр щхьэхуит дызыщӀыжынур. АрщхьэкӀэ нобэ махуищ мэхъу Ар зэраукӀрэ. 22Ауэ дэ къытхэт бзылъхугъэхэм Ӏуэху телъыджэ къыджаӀащ. Ахэр нышэдибэ жьыуэ кхъэлэгъунэм кӀуат, 23ауэ Хьисэ и хьэдэр ямыгъуэту къагъэзэжри, мелыӀычитӀ ялъэгъуауэ къыджаӀащ. МелыӀычхэм Хьисэ псэууэ жаӀащ. 24Дэ тщыщ гуэрхэри кӀуати, бзылъхугъэхэм зэрыжаӀам хуэдабзэу ирихьэлӀащ. Ауэ езы Хьисэ ялъэгъуакъым.
25– Сыту жьажьэ фи акъылыр, – жиӀащ Хьисэ. – Бегъымбархэм жаӀар фи фӀэщ фхуэмыщӀу ара? 26Мэсихьым, щӀыхьышхуэ игъуэтын и пэ къихуэу, а псори игъэвын хуейуэ щытакъэ?
27Хьисэ Мусэрэ бегъымбархэмрэ я тхылъхэм щригъажьэри, Езым теухуауэ Тхыгъэ ЛъапӀэм иту хъуар ягуригъэӀуащ итӀанэ.
28ЗдэкӀуэ жылэм пэгъунэгъу щыхъум, Хьисэ къэмыувыӀэу и гъуэгу адэкӀэ пищэну мурад зэриӀэр яригъэщӀащ. 29Ауэ мыдрей тӀур Хьисэ хуабжьу къелъэӀуащ:
– Ди гъусэу къанэ. Махуэр егъэзыхыгъуэ хъуащ, пшапэ зэхэуэгъуэщ, – жаӀэри.
КъыщелъэӀум, Хьисэ акъылэгъу хъури, абыхэм я гъусэу къэнащ.
30Хьисэ абыхэм Ӏэнэм ядэтӀысри, щӀакхъуэ къищтащ. Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀщ, щӀакхъуэр зэгуищӀыкӀри, мо тӀум яхуишиящ. 31Абдежым абыхэм я нэр къэплъэжри, Хьисэ къацӀыхужащ, ауэ езы Хьисэ бзэхыжащ.
32– Гъуэгум къыщыдэпсалъэу, Тхыгъэ ЛъапӀэр щытхузэпкърихым, ди гур хигъахъуэртэкъэ, дигъэгушхуэртэкъэ Абы? – ягъэщӀэгъуащ абыхэм.
33Арати, ахэр занщӀэу къэтэджри, Ерусэлим ягъэзэжащ. Щынэсыжым, Хьисэ и гъэсэн пщыкӀузым, нэгъуэщӀхэри я гъусэу зэхэсу, ярихьэлӀэжащ.
34– Зиусхьэныр, пэж дыдэу, лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ, Ар Симэн къыхуэкӀуащ! – жаӀащ зрихьэлӀэжахэм.
35Мыдрей тӀуми Хьисэ гъуэгу къазэрыдытетари щӀакхъуэ зэгуищӀыкӀа нэужь къызэрацӀыхужари яӀуэтэжащ.
Хьисэ и гъэсэнхэм къазэрыхуэкӀуар
36Ар щаӀуэтэж дыдэм, Хьисэ езыр абыхэм къахыхьэри:
– Тхьэм и сэлам фызох, – жиӀащ.
37Мыдрейхэм хьэдрыхэпсэ ялъагъу къафӀэщӀри, хуабжьу къэщтащ, гужьеящ.
38– Щхьэ фыгужьея? – жиӀэри еупщӀащ абыхэм Хьисэ. – Щхьэ шэч къэфхьрэ? 39Си Ӏэми си лъакъуэми фыкъеплъ – ар Сэращ! ФыкъызэӀуси, феплъ, хьэдрыхэпсэм Сэ сызэрыту флъагъу Ӏэпкълъэпкъым хуэдэ иӀэкъым.
40Ар жиӀэри, и Ӏэмрэ и лъакъуэмрэ яригъэлъэгъуащ. 41Ахэр апхуэдизкӀэ къэгуфӀати, ар зэры-Хьисэр я фӀэщ яхуэмыщӀу ягъэщӀагъуэрт. Хьисэ абыхэм еупщӀащ:
– Шхыныгъуэ гуэр мыбдежым фыщиӀэ? – жиӀэри.
42Зы бдзэжьей Ӏыхьэ гъэжьауэ хуашиящ. 43Щыхуашийм, къаӀихри, я пащхьэм щишхащ.
44ИтӀанэ захуигъазэри, мыпхуэдэу яжриӀащ:
– Сыщывигъусам вжесӀауэ щытатэкъэ Мусэ и Теурэтми, бегъымбархэм я тхылъхэми, Забурми Сэ стеухуауэ ит псори къэхъун зэрыхуейр.
45Хьисэ ар жиӀэщ, и гъэсэнхэм Тхыгъэ ЛъапӀэр къагурыӀуэн папщӀэ, зэхэщӀыкӀыныгъэ яритри, 46къыпищащ:
– Мэсихьым хьэзаб зэришэчынури, зэрылӀэнури, махуэ ещанэм лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжынури Тхыгъэ ЛъапӀэм итщ. 47Мыпхуэдэуи итщ: Ерусэлим щыщӀэдзауэ дунейм цӀыхуу тету хъуам я гуэныхьхэр Тхьэм къахуигъэгъун папщӀэ, псоми Мэсихь и цӀэкӀэ тобэ къахьыжын зэрыхуейр дэнэкӀи щагъэӀунущ. 48Фэ а Ӏуэхугъуэ псоми щыхьэт фытехъуэнущ. 49Си Адэм къывитыну фыкъызэригъэгугъар Сэ къыфхуэзгъэкӀуэнщ, ауэ къалэм зэкӀэ фыдэмыкӀ, уафэм къикӀыу къару къыфхуемыхауэ.
Хьисэ уафэм зэрыдэкӀуеижар
50Хьисэ ахэр къалэм къыдишри, БэтэӀин жылэм нэс здишащ. И ӀитӀыр иӀэтри, и гъэсэнхэм Тхьэм и цӀэкӀэ яхуэхъуэхъуащ. 51Здэхъуахъуэм, и гъэсэнхэм нэхъ я пэӀэщӀэ хъуурэ, уафэм дэкӀуеижащ. 52И гъэсэнхэм я щхьэр щӀым еӀусэу, Абы щхьэщэ хуащӀщ, гуфӀэгъуэшхуэр яӀэу Ерусэлим ягъэзэжри, 53Тхьэм и Унэм Тхьэм щӀыхь щыхуащӀ зэпыту щытащ.

Zur Zeit ausgewählt:

Лукас 24: АдгФЛ

Markierung

Teilen

Kopieren

None

Möchtest du deine gespeicherten Markierungen auf allen deinen Geräten sehen? Erstelle ein kostenloses Konto oder melde dich an.