Лукас 19
19
Зэхей и гъащӀэм зэрызихъуэжар
1Хьисэ Ерихъуэ къалэм дыхьэри кӀуэцӀрыкӀащ. 2Зэхей и цӀэу цӀыху къулей гуэр дэст а къалэм, тезыр ахъшэ къыхэзыххэм я нэхъыщхьэу. 3Хьисэ зригъэлъагъуну хуейт Зэхей, ауэ езыр зэрылӀы цӀыкӀум щхьэкӀэ мо цӀыху гупышхуэм къахухэлъагъукӀыртэкъым Ар. 4Хьисэ зригъэлъагъун папщӀэ, цӀыхухэм я пэ илъадэри, Зэхей тут жыгым дэпщеящ, Хьисэ абыкӀэ блэкӀын хуейти. 5А жыгым гъунэгъу щыхуэхъум, Хьисэ Зэхей худэплъейри, мыпхуэдэу жриӀащ:
– Зэхей, псынщӀэу къех жыгым, нобэ уи унэ сынихьэн хуейщ.
6Жыгым псынщӀэу къехыжри, гуфӀэгъуэр иӀэу, Зэхей Хьисэ иригъэблэгъащ. 7Хьисэ абы и унэм зэреблэгъар цӀыхухэм щалъагъум, ар яфӀэмыфӀ хъуауэ, псоми жаӀащ:
– ЦӀыху гуэныхьщӀакӀуэм и унэ щхьэ еблэгъа Ар?
8Зэхей къэтэджри, Зиусхьэным мыпхуэдэу жриӀащ:
– Зи щӀыхьыр ин, си мылъкум и ныкъуэр тхьэмыщкӀэхэм яхуэзгуэшынщ, зыгуэр къэзгъэпцӀамэ, къызэрызгъэпцӀам хуэдиплӀ естыжынщ.
9– Нобэ мы унэм щӀэсхэри Тхьэм къригъэлащ, – жриӀащ Хьисэ Зэхей. – Мы лӀыри Ибрэхьим къытехъукӀахэм ящыщщ. 10КӀуэдыпӀэм ихуа цӀыхухэр къигъуэтыжу къригъэлын щхьэкӀэщ ЦӀыхум и Къуэр мы дунейм къыщӀэкӀуар.
УнэӀутипщӀым ятеухуа щӀагъыбзэ
11ЦӀыхухэр Хьисэ къедаӀуэу здэщытым, щӀагъыбзэ яжриӀащ. Хьисэ Ерусэлим пэгъунэгъу хъуати, Тхьэм и Тепщэныгъэр асыхьэт дыдэм къэлъэгъуэну я гугъэт цӀыхухэм.
12Ауэ щыхъум, Хьисэ къригъэжьащ:
– Пщы гуэр щӀыпӀэ жыжьэ ежьэну зигъэхьэзырат, езыр зи унафэ щӀэтым тепщэныгъэ къриӀыхыу къигъэзэжыну. 13Ауэ япэщӀыкӀэ и унэӀутхэм ящыщу пщӀыр ириджэщ, ахъшэ зыдэлъ бохъшэ зырыз къаритри, къажриӀащ: «Сыкъэтыху, ахъшэр Ӏуэху гуэрым хэфлъхьи, вгъэлажьэ». 14Езы пщыр и лъэпкъэгъухэм ялъагъу хъуртэкъыми, «Ар ди тепщэ хъуну дыхуейкъым» жрырагъэӀэн папщӀэ, пщыр здэкӀуам деж абыхэми лӀыкӀуэ ягъэкӀуащ.
15ЯгъэкӀуа пэтми, пщым тепщэныгъэ зыӀэригъэхьэри, къигъэзэжащ. Къигъэзэжа нэужь, ахъшэ зрита унэӀутипщӀыр ириджэри, ахъшэм къыхагъэхъуарэ къыхамыгъэхъуарэ еупщӀащ. 16Зыр къакӀуэри мыпхуэдэу жиӀащ: «Зи щӀыхьыр ин, уи ахъшэ къызэптам хуэдипщӀ къыхэзгъэхъуащ». 17«Дэгъуэщ, уунэӀутыфӀщ, – жиӀащ пщым. – Ӏуэху мащӀэ дзыхь зыхуащӀ хъун цӀыхуу укъызэрыщӀэкӀам щхьэкӀэ къалипщӀым я унафэщӀу узогъэув». 18ЕтӀуанэ унэӀутри къакӀуэри, жиӀащ: «Зи щӀыхьыр ин, уи ахъшэм хуэдитху къезгъэлэжьащ». 19«Уэри къалитхум я тет узощӀ», – жриӀащ пщым абыи.
20КъыкӀэлъыкӀуэ унэӀутри къакӀуэри, жиӀащ: «Зи щӀыхьыр ин, мис уи ахъшэр, хъыданым кӀуэцӀылъу щызгъэлъащ. 21ЦӀыху гущӀэгъуншэу узэрыщытым щхьэкӀэ сыпщышынащ, щумыгъэтӀылъам къыщыбощтэ, тумысар Ӏубохыжри». 22«Уэ езым къыбжьэдэкӀа псалъэмкӀэ узгъэкъуэншэнущ, унэӀут мыхъумыщӀэ, – жриӀащ пщым абы. – ЦӀыху гущӀэгъуншэу сызэрыщытри, щызмыгъэтӀылъам къызэрыщысщтэри, тезмысар зэрыӀусхыжри щыпщӀэкӀэ, 23си ахъшэр щхьэ Ӏуэху гуэрым хыумылъхьарэ, сыкъэкӀуэжа нэужь, хэхъуэ сиӀэн щхьэкӀэ?»
24Апхуэдэу щыхъум, пщым къыбгъэдэтхэм яжриӀащ: «Мыбы иӀыгъ ахъшэр къеӀыфхи, пщӀы зиӀэм ефт». 25«Зи щӀыхьыр ин, абы пщӀы иӀэкъэ?» – жаӀащ абыхэм. 26«НывжызоӀэ, зиӀэм иджыри къратынущ, зимыӀэм иӀэри къытрахынущ, – жиӀащ пщым. – 27Тепщэ сахуэхъуну хуэмея си бийхэри мыдэ къафши, си пащхьэм щывукӀ».
Хьисэ Ерусэлим зэрыдыхьар
28Ар жиӀэри, Хьисэ ЕрусэлимкӀэ иунэтӀащ. 29ЗейтункӀэ#19:29 Зейтун – жыг лъэпкъщ, и пхъэщхьэмыщхьэхэм дагъэ къыщӀапӀытӀыкӀ; а Ӏуащхьэм апхуэдэ жыг хадэ къыщыкӀт. зэджэ Ӏуащхьэм къетӀысэкӀауэ къыӀус жылэхэу Бэтфагрэ БэтэӀинрэ щынэблагъэм, Хьисэ и гъэсэнхэм щыщ цӀыхуитӀ абы игъэкӀуащ, 30мыпхуэдэу яжриӀэри:
– Къыфпэщылъ жылэм фыкӀуи, жылэм фыщыдыхьэкӀэ, цӀыху зэи темысауэ шыд шыщӀэ епхауэ фрихьэлӀэнущи, къыкӀэрыфтӀэтыкӀи, къафшэ. 31«Щхьэ къыкӀэрыфтӀэтыкӀрэ?» жиӀэу зыгуэр къывэупщӀмэ, «Зиусхьэныр абы хуэныкъуэщ» жыфӀэ.
32Арати, ахэр кӀуэри, Хьисэ къазэрыжриӀам тету шыд шыщӀэр къагъуэтащ. 33Шыд шыщӀэр къыщыкӀэратӀэтыкӀым, ар зейхэр къеупщӀащ:
– Щхьэ къыкӀэрыфтӀэтыкӀрэ? – жаӀэри.
34– Зиусхьэныр абы хуэныкъуэщ, – ятащ абыхэм жэуап.
35Шыд шыщӀэр Хьисэ деж къашэщ, я щыгъынхэр траубгъуэри, Хьисэ трагъэтӀысхьащ. 36Ар шыд шыщӀэм тесу здэкӀуэм, цӀыхухэм я щыгъыныр гъуэгум хутраубгъуэрт, пщӀэ зэрыхуащӀыр абыкӀэ къагъэлъагъуэу. 37Гъуэгум Зейтун Ӏуащхьэм зыкъыщригъэзыхым деж Хьисэ щынэсым, и гъэсэн къомым гуфӀэгъуэр яӀэу Тхьэм макъышхуэкӀэ щытхъу хужаӀэу щӀадзащ, Ӏуэху телъыджащэхэр зэралъэгъуам щхьэкӀэ. 38Абыхэм мыпхуэдэу жаӀэрт:
«Зиусхьэным и цӀэкӀэ къытхуэкӀуэ пащтыхьыращ щӀыхьыр зейр!
Уафэм мамырыгъэ щреӀэ!
Уафэр зи хэщӀапӀэ Тхьэшхуэм псоми щӀыхь хуращӀ!»
39ЦӀыхубэм яхэт фарисейхэм ящыщ гуэрхэм Хьисэ зыкъыхуагъазэри къыжраӀащ:
– УщиякӀуэ, уи гъэсэнхэм я жьэр зэтрапӀэну яжеӀэ.
40– НывжызоӀэ, – жиӀащ Хьисэ, – абыхэм я жьэр зэтрапӀэмэ, мывэхэр макъышхуэкӀэ джэнущ.
41Хьисэ Ерусэлим нэхъ пэгъунэгъу хъуауэ, къалэр щилъагъум, и гур къызэфӀэзэрыхьарэ и нэпсым къызэпижыхьауэ, жиӀащ:
42– Мамырыгъэм ухуэзышэ гъуэгур уэ, Ерусэлим, нобэ къэплъэгъуатэмэ, сыгуфӀэнут. Ауэ уэ ар иджыпсту къыбгурыӀуэркъым. 43Уи бийхэм щӀы зэтетхъуакӀэ укъыщаухъуреихьыну махуэхэр къыпхуэкӀуэнущ. Укъаувыхьынурэ, лъэныкъуиплӀымкӀи къыщобгъэрыкӀуэнущ. 44Уэри уи цӀыхухэри щӀым щыщ фащӀыжынущ, мывитӀ зэтелъу къызэтранэнукъым, Тхьэм укъыщригъэлыну пӀалъэр къызэрысар къызэрыбгурымыӀуам щхьэкӀэ.
Хьисэ сатуущӀэхэр Тхьэм и Унэм къызэрыщӀихужар
45Хьисэ Тхьэм и Унэм щӀыхьэри, сатуущӀэхэр къыщӀихун щӀидзащ, 46мыпхуэдэуи яжриӀащ:
– Тхыгъэ ЛъапӀэм и напэкӀуэцӀхэм Тхьэм мыпхуэдэу къыщыжеӀэ: «Си Унэр тхьэлъэӀупӀэ унэ хъунущ», фэ ар хъунщӀакӀуэ тӀысыпӀэ фщӀащ.
47Хьисэ цӀыхухэр Тхьэм и Унэм щиущийрт махуэ къэс. Ауэ дин гъуазэ нэхъыщхьэхэри, теурэт егъэджакӀуэхэри, лъэпкъ тхьэмадэхэри Хьисэ зэрагъэкӀуэдыным и ужь итт. 48АрщхьэкӀэ зэрагъэкӀуэдын Ӏэмал къахуэгъуэтыртэкъым, Хьисэ цӀыхур Ӏуву епщӀауэ едаӀуэрти.
Zur Zeit ausgewählt:
Лукас 19: АдгФЛ
Markierung
Teilen
Kopieren

Möchtest du deine gespeicherten Markierungen auf allen deinen Geräten sehen? Erstelle ein kostenloses Konto oder melde dich an.
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021

: