Лукас 15
15
Мэл кӀуэдам теухуа щӀагъыбзэ
1Тезыр ахъшэ къыхэзыххэмрэ гуэныхьлыуэ ялъытэхэмрэ Хьисэ жиӀэм едэӀуэну къекӀуалӀэрт. 2Фарисейхэмрэ теурэт егъэджакӀуэхэмрэ ар яфӀэмыфӀу, мыпхуэдэу жаӀащ:
– Мыбы гуэныхьлыхэр зрегъэгъусэ, абыхэм ядошхэ.
3Хьисэ щӀагъыбзэ къригъэжьащ абы щыгъуэ:
4– Фэ фщыщ гуэрым мэлищэ иӀэу жытӀэнщ. АтӀэ а мэлхэм щыщ зы абы фӀэкӀуэдмэ, ежьэу мэл кӀуэдар къигъуэтыжыху къилъыхъуэнукъэ, мэл бгъущӀрэ бгъур губгъуэм къринэу? 5Къигъуэтыжа нэужь, и дамэм гуфӀэу трилъхьэнурэ, 6и унэм кӀуэжынущ, и ныбжьэгъухэмрэ и гъунэгъухэмрэ къриджэнурэ, мыпхуэдэу яжриӀэнущ: «Си мэл кӀуэдар къэзгъуэтыжащи, фыкъакӀуи, фыкъыздэгуфӀэ!» 7НывжызоӀэ, ещхьыркъабзэу, тобэ къыщӀахьыжын щхьэусыгъуэ зимыӀэ цӀыху щыпкъэ бгъущӀрэ бгъум елъытауэ, тобэ къэзыхьыж зы гуэныхьщӀакӀуэ закъуэм щхьэкӀэ уафэм щыӀэну гуфӀэгъуэр нэхъ инщ.
Дыжьын кӀуэдам теухуа щӀагъыбзэ
8– Е цӀыхубз гуэрым дыжьын жьгъеипщӀ иӀэу жытӀэнщ. АтӀэ а дыжьынипщӀым щыщу абы зы фӀэкӀуэдмэ, уэздыгъэр пигъанэу набдзэгубдзаплъэу унэр къипхъэнкӀыурэ лъыхъуэнукъэ, дыжьыныр къигъуэтыжыху? 9Къигъуэтыжа нэужь, и ныбжьэгъухэмрэ и гъунэгъухэмрэ къриджэнурэ, мыпхуэдэу яжриӀэнущ: «СфӀэкӀуэдауэ щыта си дыжьыныр къэзгъуэтыжащи, фыкъакӀуи, фыкъыздэгуфӀэ!» 10НывжызоӀэ, ещхьыркъабзэу, Тхьэм и мелыӀычхэри мэгуфӀэ тобэ къэзыхьыж зы гуэныхьщӀакӀуэм щхьэкӀи.
Къуэ щхьэрыуам теухуа щӀагъыбзэ
11– ЛӀы гуэрым къуитӀ иӀэт, – жиӀащ Хьисэ. – 12НэхъыщӀэм адэм мыпхуэдэу жриӀащ: «Ди адэ, уи щӀэиным щыщу къыслъысын хуейр къызэт». Апхуэдэу щыхъум, адэм мылъкур зэшхэм яхуигуэшащ. 13Куэди дигъэкӀакъым, къылъысар зэщӀикъуэри, къуэ нэхъыщӀэр щӀыпӀэ жыжьэ гуэрым кӀуащ. А щӀыпӀэм щыӀэху, мыхъумыщӀэ псэукӀэм зритри, и мылъкур Ӏисраф ищӀащ абы. 14И мылъкум щыщу зыри къуэмылъыжу къыщынэм, а щӀыпӀэм гъаблэшхуэ къыщыхъури, ар къулейсыз дыдэ хъуащ. 15Апхуэдэу щыхъум, щӀалэр а щӀыпӀэм щыщ лӀы гуэрым деж кӀуэри, хуэлӀыщӀэну гурыӀуащ. ЛӀым ар и губгъуэм игъэкӀуащ, и кхъуэ хъушэр иригъэгъэхъуну. 16Кхъуэм ирагъэшх Ӏусыр ишхыну ехъуапсэ хъуат щӀалэр, ауэ кхъуэ Ӏуси зыми къритыртэкъым. 17ЩӀалэр зыщӀэгупсысыжри, мыпхуэдэу жиӀащ: «Си адэм сыт хуэдиз лӀыщӀэ иӀэми, псоми яшхын пэрыхьэту ягъуэт, сэ мыбы шхын щхьэкӀэ сыщолӀэ. 18Си адэм деж сыкӀуэжынщи, мыпхуэдэу жесӀэнщ: Си адэ, Тхьэми уэри сынывэкъуэншэкӀащ, 19сыуикъуэу жысӀэнуи схуэфащэкъым, лӀыщӀэу сыкъащтэ». 20Ар жиӀэщ, тэджри, и адэм деж кӀуэжыну ежьащ.
Адэм и къуэр къэкӀуэжу жыжьэу щилъагъум, и гур щӀэузащ, итӀанэ пежажьэщ, зридзри, ӀэплӀэ, ба хуищӀащ. 21ЩӀалэм и адэм жриӀащ: «Си адэ, Тхьэми уэри сынывэкъуэншэкӀащ, сыуикъуэу жысӀэнуи схуэфащэкъым». 22Ауэ адэм унэӀутхэм мыпхуэдэу яжреӀэ: «Щыгъын нэхъыфӀ дыдэр псынщӀэу къыхущӀэфхи, къыщыфтӀагъэ, и Ӏэм Ӏэлъын Ӏэрыфлъхьэ, и лъакъуэми вакъэ лъыфтӀагъэ. 23Танэ гъэшха къыщӀэфши, фӀэвгъэж, дыгуфӀэнщ, танэр тшхынщ. 24Си къуэр лӀати, къэпсэужащ, кӀуэдати, къэдгъуэтыжащ!» Арати, гуфӀэгъуэр яублащ.
25Адэм и щӀалэ нэхъыжьыр губгъуэм щыӀэт абы щыгъуэ. КъыщыкӀуэжым, унэм къэблэгъэжауэ, макъамэ макърэ Ӏэгуауэ макърэ пщӀантӀэм къыдэӀукӀыу зэхихащ. 26Щызэхихым, унэӀутхэм ящыщ зы ириджэри, гуфӀэгъуэр къыщӀаӀэтам и щхьэусыгъуэм щӀэупщӀащ. 27«Уи къуэшыр къекӀуэлӀэжащ, – жиӀащ унэӀутым. – Уи адэм ар псэууэ, узыншэу къызэрыӀэрыхьэжам щхьэкӀэ танэ гъэшха фӀыдигъэгъэжащ». 28Къуэ нэхъыжьым ар щызэхихым, къэгубжьри, дыхьэжын идакъым. Ауэ адэр къыдэкӀри, къеубзэу къелъэӀуащ: «Ныдыхьэж, си къуэ», – жиӀэри. 29Къуэ нэхъыжьым адэм мыпхуэдэу жриӀащ: «Сэ илъэс дапщэ хъуауэ сыпхуэлажьэми, зэи уи унафэ сыщӀэкӀакъым. ИтӀани зы чыцӀ къызэпту си ныбжьэгъухэмрэ сэрэ ди нэгу зедбгъэгъэужьакъым. 30Ауэ уи мылъкур куэпэчхэм ятезыгъэкӀуэда уи къуэр къекӀуэлӀэжати, танэ гъэшха хуэбукӀащ». 31Адэм мыпхуэдэу жиӀащ абы щыгъуэ: «Си щӀалэ! Уэ сыт щыгъуи узигъусэщ, сиӀэ псори ууейщ. 32Дымынэщхъейуэ дынэщхъыфӀэн, дыгуфӀэн хуейт иджыпсту, уи къуэшыр лӀати, къэпсэужащ, кӀуэдати, къэдгъуэтыжащ».
Zur Zeit ausgewählt:
Лукас 15: АдгФЛ
Markierung
Teilen
Kopieren

Möchtest du deine gespeicherten Markierungen auf allen deinen Geräten sehen? Erstelle ein kostenloses Konto oder melde dich an.
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021

: