Лукас 13
13
Хьисэ цӀыхухэр тобэ къэхьыжыным къызэрыхуриджар
1Тхьэм къурмэн хуащӀыну Гэлилейм къикӀа цӀыхухэм я къурмэнхэр щыфӀагъэжым, Пилат ахэр укӀыкӀейуэ зэрыригъэукӀар Хьисэ къедаӀуэу щыт гуэрхэм къыжраӀэжащ. 2Ар щызэхихым, Хьисэ абыхэм мыпхуэдэу яжриӀащ:
– Ахэр адрей я лъэпкъэгъухэм нэхърэ нэхъ гуэныхьщӀакӀуэу щыта фи гугъэу ара апхуэдэ лей къащӀылъысар? 3Аракъым нывжызоӀэ! Ауэ тобэ къэвмыхьыжмэ, псори абыхэм хуэдэу фыхэкӀуэдэнущ. 4Хьэмэрэ СилэумкӀэ зэджэу щыта чэщанэжьыр къыщыуам, абы щӀипӀытӀауэ щыта цӀыху пщыкӀуийр Ерусэлим дэс адрейхэм нэхърэ нэхъ къуаншэт? 5Нэхъ къуаншэтэкъым! Ауэ тобэ къэвмыхьыжмэ, псори абыхэм хуэдэу фыхэкӀуэдэнущ.
Жыг гъуам теухуа щӀагъыбзэ
6Хьисэ щӀагъыбзэ къригъэжьащ итӀанэ:
– Зыгуэрым и жызум хадэм хъурмей къыщыкӀырт. Жыгым къыпыкӀаӀамэ еплъыну хадэр зейр щыкӀуэм, жыгым къыпыкӀаӀауэ игъуэтакъым. 7Апхуэдэу щыхъум, хадэр зейм жызумгъэкӀым мыпхуэдэу жриӀащ: «Илъэсищ хъуауэ мы жыгым зыгуэр къыпыкӀэӀамэ сеплъыну сыкъокӀуэ, ауэ зыри пызгъуэтыркъым. КъиупщӀыкӀ адэ, щӀыр щхьэ игъэхьэулеин хуей абы?» 8ЖызумгъэкӀыр хадэр зейм елъэӀуащ: «Зи щӀыхьыр ин, иджыри зы илъэскӀэ игъэт. Жыгыр къэстӀыхьынщи, вэнывей щӀэслъхьэнщ, 9хэт ищӀэрэ, етӀанэгъэ къыпыкӀэнкӀэ хъунущ. КъыпымыкӀэмэ, къибупщӀыкӀыжынщ» жиӀэри.
Фыз ныкъуэдыкъуэ гуэр Хьисэ щэбэтмахуэм зэригъэхъужар
10Щэбэт махуэу Хьисэ тхьэлъэӀупӀэ унэ гуэрым цӀыхухэр Тхыгъэ ЛъапӀэм щыщӀигъэджыкӀырт. 11Илъэс пщыкӀуий лъандэрэ и тхыр къэгъэшарэ жин бзаджэм зыкъримыгъэузэхужу бзылъхугъэ гуэр абы щӀэтт. 12Хьисэ ар щилъагъум, къриджэри жриӀащ:
– ЦӀыхубз, уи узыр пхэкӀыжащ.
13Ар жиӀэщ, и Ӏэр трилъхьэри, цӀыхубзым асыхьэтым зыкъиузэхужащ. ЦӀыхубзым Тхьэм фӀыщӀэшхуэ хуищӀащ. 14Хьисэ щэбэт махуэу ар зэригъэхъужам щхьэкӀэ тхьэлъэӀупӀэ унэм и тетыр къэгубжьри, цӀыхухэм мыпхуэдэу яжриӀащ:
– Тхьэмахуэ махуиблым щыщу махуихыр лэжьыгъэм хухахауэ щытщи, мис а махуихым фыкъакӀуэурэ зывгъэхъуж, щэбэтым фыкъыщӀэкӀуэн щыӀэкъым.
15– ФэрыщӀхэ! – жриӀащ Зиусхьэным абы. – Фивхэр, фи шыдхэр щэбэт махуэм къыкӀэрыфтӀэтыкӀыу псафэ фшэркъэ дэтхэнэ зыми? 16Апхуэдэу щыщыткӀэ, Ӏиблисым илъэхъауэ илъэс пщыкӀуий лъандэрэ иӀыгъ мы цӀыхубзыр, Ибрэхьим къытехъукӀахэм ящыщыр, Ӏиблисым и бжьым дауэ къыщӀэзмышыжынрэ щэбэт махуэм?!
17Хьисэ ар щыжиӀэм, и пэрыуэгъу псори укӀытэжащ, ауэ адрей цӀыхухэр Хьисэ илэжь Ӏуэху телъыджэхэм щыгуфӀыкӀащ.
Тхьэм и Тепщэныгъэр зэщхьыр сыт?
18– Тхьэм и Тепщэныгъэр зэщхьыр сыт? – жиӀащ Хьисэ. – Сытым хуэзгъэдэну ар? 19Ар андэгурэдэгум#13:19 Андэгурэдэгу – горчицэ фӀыцӀэ жыхуаӀэращ. Журтхэм хабзэ яхуэхъуауэ, Ӏуэхугъуэ цӀыкӀухэм щытепсэлъыхькӀэ, зытепсэлъыхьыр андэгурэдэгум хуагъадэу щытащ, и жылэр зэрыжьгъейм щхьэкӀэ. и жылэ цӀыкӀум хуэдэщ. ЦӀыху гуэрым а жылэр къищтэри, и хадэм щыхисащ. Щыхисэм, жыгым хуэдэу къэкӀри, къудамэ щӀагъхэм къуалэбзухэм абгъуэ щӀащӀыхьащ.
20АтӀэ сытым хуэзгъэдэну Тхьэм и Тепщэныгъэр? – къыпищащ Хьисэ. – 21Ар пщагъэм хуэдэщ. Бзылъхугъэ гуэрым пщагъэ къищтэщ, хьэжыгъэ Ӏэнлъищрэ пщагъэмрэ зэхипщэри игъэувыжащ, тхьэвыр тэджыху.
ЩӀыбым фыкъызэрыдэмынэным и ужь фит
22Хьисэ Ерусэлим здэкӀуэм, къалэхэм, жылэхэм дыхьэурэ, цӀыхухэр иущийрт. 23Абы зыгуэр къеупщӀащ:
– Зи щӀыхьыр ин, къемэтмахуэм цӀыху мащӀэ тӀэкӀу фӀэкӀа къемылыну ара?
24– Куэбжэ зэвымкӀэ фызэрыдыхьэным и ужь фит Ӏэмал зэриӀэкӀэ, – итыжащ Хьисэ жэуап, – сыту жыпӀэмэ, нывжызоӀэ, цӀыху куэд дыхьэну хэтынущ, ауэ дыхьэфынукъым. 25Унэр зейр къэтэджрэ куэбжэр къигъэбыдэжа нэужь, «Зи щӀыхьыр ин, куэбжэр къытхуӀух» жыфӀэрэ куэбжэм фытеуӀуэу щӀыбым фыкъыдэнэнущ. Ауэ унэр зейм мыпхуэдэу къывжиӀэнущ: «Фыхэтми, дэнэ фыкъикӀами, сщӀэркъым». 26Фэ мыпхуэдэу жыфӀэнущ абы щыгъуэ: «Дэ уи гъусэу дефэу, дешхэу, ди уэрамхэм дыщыбущийуэ щытакъэ?» 27Ауэ абы мыпхуэдэу жэуап къывитыжынущ: «Фыхэтми, дэнэ фыкъикӀами, сщӀэркъым. Си пащхьэм фикӀ, бзаджащӀэхэ!» 28Ибрэхьим, Исхьэкъ, Екъуб сымэ, бегъымбархэри я гъусэу, Тхьэр щытепщэ щӀыпӀэм хэщӀапӀэ къащылъысауэ, ауэ фэ фыкъыӀуахужу щыфлъагъукӀэ, фыпыхьэнущ, фи ӀэфракӀэм федзэкъэжынущ. 29ЦӀыхухэр къуэкӀыпӀэмкӀи, къухьэпӀэмкӀи, ищхъэрэкӀи, ипщэкӀи къикӀынурэ, Тхьэр щытепщэ щӀыпӀэм къыщаӀэтыну гуфӀэгъуэшхуэм хэтынущ. 30Иджыпсту я ужь итхэр я пэ иувэнущ, я пэ итхэр я ужь къинэнущ абы щыгъуэ.
Еууей, Ерусэлим, Ерусэлим!
31Абы хэту фарисей гуэрхэр къакӀуэри, Хьисэ къыжраӀащ:
– Мы щӀыпӀэр къыубгынэмэ, нэхъыфӀщ, Хьирэд уригъэукӀыну хэтщ.
32– ФыкӀуи, а бажэм мыпхуэдэу схужефӀэж, – яжриӀащ абыхэм Хьисэ, – «Сэ ноби пщэдеи цӀыхухэм жинхэр къахэсхужу икӀи згъэхъужу сахэтынущ, ауэ махуэ ещанэм си Ӏуэхур сыухынущ». 33Сэ ноби, пщэдеи, пщэдеймыщкӀи сыкъэмыувыӀэу сыздэкӀуэм сыкӀуэн хуейщ, сыту жыпӀэмэ бегъымбарыр Ерусэлим фӀэкӀа нэгъуэщӀ щӀыпӀэ щаукӀынкӀэ Ӏэмал зимыӀэщ.
34Еууей, Ерусэлим, Ерусэлим! Тхьэм и бегъымбархэр зэтезыукӀэу, Тхьэм и лӀыкӀуэхэр зи уэрамхэм мывэкӀэ щаукӀ. Къуалэбзум и шыр цӀыкӀухэр и дамэ щӀагъым щызэрызэхуишэсым хуэдэу, сэри сыт хуэдизрэ уи бынхэр зэкъуэт сщӀыуэ зэхуэсшэсыну сыхэта, ауэ фэ вдакъым. 35Иджы фи Унэр нэщӀ хъуауэ фэ къыфхуонэж. НывжызоӀэ, «Зиусхьэным и цӀэкӀэ къытхуэкӀуэращ щӀыхьыр зейр» жыфӀэху, сыкъэфлъагъужынукъым.
Zur Zeit ausgewählt:
Лукас 13: АдгФЛ
Markierung
Teilen
Kopieren

Möchtest du deine gespeicherten Markierungen auf allen deinen Geräten sehen? Erstelle ein kostenloses Konto oder melde dich an.
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021