Лукас 11
11
Хьисэ и гъэсэнхэм тхьэ елъэӀукӀэ зэраригъэщӀар
1ЩӀыпӀэ гуэрым щыӀэу, Хьисэ тхьэ елъэӀурт. Щиухым, и гъэсэнхэм ящыщ зы къелъэӀуащ:
– Зи щӀыхьыр ин, Яхья и гъэсэнхэм тхьэ елъэӀукӀэ зэраригъэщӀам хуэдэу дэри дыгъащӀэ, – жиӀэри.
2Хьисэ къажриӀащ:
– Тхьэ фыщелъэӀукӀэ, мыпхуэдэу жыфӀэ:
«Ди Адэ, уи цӀэр цӀыхухэм ялъытэу ирехъу,
Уи Тепщэныгъэр кърекӀуэ.
3Дызыхуей щӀакхъуэ Ӏыхьэм зы махуи дыщумыгъащӀэ.
4Ди гуэныхьхэр къытхуэгъэгъу,
сыту жыпӀэмэ дэри мыхъун къыдэзыщӀэу гуэныхь къэзыхьхэм яхудогъэгъу.
Гуэныхь къыдэзыгъэхь Ӏуэхугъуэхэм дащыхъумэ».
5Фэ фщыщ гуэрым ныбжьэгъу иӀэу жытӀэнщ, – къыпищащ Хьисэ. – Ар и ныбжьэгъум деж жэщыбгым макӀуэри жреӀэ: «КхъыӀэ, щӀакхъуищ щӀыхуэу къызэт. 6Гъуэгуанэ тету си ныбжьэгъу гуэр си унэ къихьащи, езгъэшхын сиӀэкъым». 7И унэ исыжыр унэм къыщӀопсэлъыкӀри, мыдрейм къыжреӀэ: «Сызумыхуэ, бжэр згъэбыдэжащ, зэрыунагъуэу дыгъуэлъыжакӀэщ, сыкъэтэджу уэстыфынукъым». 8Пэжыр нывжызоӀэ, я ныбжьэгъугъэм къыхэкӀыу иримытми, зэрыхуӀумыкӀыжым щхьэкӀэ къэтэджынурэ зыщӀэлъэӀур иритынущ.
9Апхуэдэу щыщыткӀэ, Сэри нывжызоӀэ, фелъэӀуи, Тхьэм къывитынущ; фылъыхъуи, Тхьэм къывигъэгъуэтынущ; бжэм фытеуӀуи, Тхьэм къыфхуӀуихынущ; 10сыту жыпӀэмэ Тхьэм хэт елъэӀуми, зыщӀэлъэӀур къритынущ, къэзылъыхъуэми къилъыхъуэр къригъэгъуэтынущ; бжэм теуӀуэми къыхуӀуихынущ. 11И къуэр бдзэжьей жиӀэу къелъэӀумэ, абы блэ езытын фэ къыфхэт? 12Хьэмэрэ джэдыкӀэ жиӀэу къуэр адэм елъэӀумэ, адэм абы акърэб къыхуишиину? 13Аращи, фэ фызэрыбзаджэу фи бынхэм фӀы щахуэфщӀэфкӀэ, уафэр зи хэщӀапӀэ фи Адэ ЛъапӀэм и Псэр дауэ къахуримыгъэхынрэ Абы къелъэӀухэм?
Хьисэрэ БэӀэлзэбулрэ
14Хьисэ бзагуэ гуэрым и бзэр зыӀыгъ жин бзаджэр къыхихужат. Къыщыхихужым, цӀыхухэм яфӀэтелъыджэу, бзагуэм и бзэр къиутӀыпщыжащ. 15АрщхьэкӀэ языныкъуэхэм мыпхуэдэу жаӀащ:
– Жин бзаджэхэм я пашэ БэӀэлзэбул и къарукӀэщ Абы жинхэр цӀыхухэм къазэрыхихужыр.
16НэгъуэщӀ гуэрхэми, Хьисэ ягъэунэхун я мураду, уафэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэн гуэр къахуригъэхыну къыхуагъэуващ.
17Абыхэм я гум илъыр ищӀэрти, Хьисэ мыр яжриӀащ:
– Зэмызэгъыу зызыгуэша дэтхэнэ къэралми лъапсэрыхыр къыхуэкӀуэнущ, зэмызэгъыу зызыгуэш унагъуэри къутэжынущ. 18Абы хуэдэу, Ӏиблисымрэ и жинхэмрэ зэмызэгъыу загуэшмэ, абы и тепщэныгъэр дауэ къызэтенэн? Апхуэдэу щӀыжысӀар Сэ жинхэр цӀыхухэм БэӀэлзэбул и къарукӀэ къахэсхужу къыстыволъхьэри аращ. 19Нэхъри, Сэ БэӀэлзэбул и къарукӀэ жинхэр цӀыхухэм къахэсхужмэ, фэ фи гъэсэнхэми абы и къарукӀэ цӀыхухэм жинхэр къыхахужу мэхъу. Мис а фи цӀыхухэм фэ фызэрыщыуэр ӀупщӀ къащӀынущ. 20Аращи, Сэ цӀыхухэм жинхэр къазэрыхэсхужыр Тхьэм и къарур армэ, абы щыгъуэ Тхьэм и Тепщэныгъэр фи деж къэсащ.
21ӀэщэкӀэ узэдауэ зи пщӀантӀэр зыхъумэ цӀыху лъэрызехьэм и мылъкур къыщымыщӀӀауэ къызэтенэнущ. 22Ауэ езым нэхърэ нэхъ лъэщ къытеуэрэ къытекӀуэмэ, зыщыгугъа Ӏэщэр трихынурэ, къыӀэрыхьа мылъкур и цӀыхухэм яхуигуэшынущ.
23Сэ си мыгъусэр си пэрыуэгъущ, си гъусэу къэзмыугъуейр зэран къысхуохъу.
ЦӀыхум къыхахужа жин бзаджэм къыщигъэзэж щыӀэщ
24– Жин бзаджэр цӀыхум къыхэкӀыжа нэужь, псыншэ щӀыпӀэхэм къыщекӀухь, тыншыпӀэ лъыхъуэу. Апхуэдэ тыншыпӀэ щимыгъуэтым, мыр жеӀэ: «СыкъызыхэкӀа цӀыхум деж згъэзэжынщ». 25ИкӀи егъэзэжри, и псэупӀэу щытар зэщӀэпхъэнкӀарэ зэлъыӀухауэ ирохьэлӀэж. 26Абы щыгъуэ ар макӀуэ, езым нэхърэ нэхъ бзаджэжу жин бзаджибл гъусэ ещӀри, цӀыхум и пкъым хохьэж. Апхуэдэ цӀыхум и иужьрей щытыкӀэр и япэрей щытыкӀэм нэхърэ нэхъыкӀэ мэхъу.
27А псалъэхэр Хьисэ щыжиӀэм, цӀыхубэм зы бзылъхугъэ гуэр къыхэпсэлъыкӀри, Хьисэ къыжриӀащ:
– Уэ зи ныбэ уилъамрэ зи быдзышэ узэфамрэ насыпыфӀэщ!
28– Тхьэм и псалъэм едаӀуэу ар зыгъэзащӀэхэрщ насыпыфӀэр! – къитыжащ Хьисэ жэуап.
Хьисэ нэщэнэщӀэкъухэм жэуап зэраритар
29ЦӀыхубэр къыщызэхуэсым, Хьисэ мыпхуэдэу жиӀащ:
– Мы щӀэблэр зэкӀуэкӀа щӀэблэщ. Нэщэнэ къалъыхъуэ, ауэ абыхэм нэщэнэ кърагъэлъагъунукъым Инус бегъымбарым и нэщэнэм фӀэкӀ. 30Инус Нинуй къалэм дэс цӀыхухэм нэщэнэ зэрахуэхъуам хуэдэу, ЦӀыхум и Къуэри мы щӀэблэм нэщэнэ яхуэхъунущ. 31ИпщэкӀэ щыӀа пащтыхьыгъуэм и пащтыхь гуащэр къемэтмахуэм къэтэджыжынурэ, мы щӀэблэр игъэкъуэншэнущ, сыту жыпӀэмэ а пащтыхь гуащэр щӀым и гъунэм къикӀри, Израилым къэкӀуауэ щытащ, Сэлмэн и ущие Ӏущхэм едэӀуэн папщӀэ. Ауэ мыбдежым къыфхэтым и пщӀэр Сэлмэн и пщӀэм йобэкӀ. 32Нинуй къалэм а зэманым щыпсэуа цӀыхухэр къемэтмахуэм къэтэджыжынурэ нобэрей щӀэблэр ягъэкъуэншэнущ, сыту жыпӀэмэ абы щыгъуэ Нинуй дэсахэм тобэ къахьыжауэ щытащ, Инус и уазым едаӀуэри. Ауэ мыбдежым къыфхэтым и пщӀэр Инус и пщӀэм йобэкӀ.
ГущӀэм къыщыблэн хуей уэздыгъэр
33– Уэздыгъэр пигъанэу къуэгъэнапӀэм къуигъэувэркъым зыми, е Ӏубауэ щыт кумбыгъэм щӀигъэувэркъым, атӀэ тегъэувапӀэм трегъэувэ, къыщӀыхьэхэм къахуэнэхун папщӀэ. 34Ӏэпкълъэпкъым и уэздыгъэр цӀыхум и нитӀырщ. Нэр узыншэмэ, цӀыхум и Ӏэпкълъэпкъри зэрыщыту нэхукӀэ гъэнщӀауэ щытынущ. Нэр мыузыншэмэ, Ӏэпкълъэпкъыр кӀыфӀыгъэм зэщӀищтауэ щытынущ. 35Уэ пхэлъ нэхур кӀыфӀыгъэ зэрымыхъуным хуэсакъ. 36Аращи, уи Ӏэпкълъэпкъыр зэрыщыту нэхукӀэ гъэнщӀарэ кӀыфӀыгъэ лъэпкъ хэмылъу щытмэ, уипкъри нэхуу щытынущ, уэздыгъэ нэхум укъызэригъэнэхум хуэдэу.
Хьисэ фарисейхэмрэ теурэт егъэджакӀуэхэмрэ сэтей къызэрищӀар
37Хьисэ псэлъэн иуха нэужь, Ар фарисей гуэрым и унэ иригъэблэгъащ игъэхьэщӀэну. Унэм щӀыхьэри, Хьисэ Ӏэнэм пэрытӀысхьащ. 38Журтхэм я хабзэм тету, Абы и Ӏэр имытхьэщӀу Ӏэнэм зэрыпэрытӀысхьар щилъагъум, фарисейм игъэщӀэгъуащ.
39– Фэ, фарисейхэм, фи кхъуэщынхэм, фи фалъэхэм я ӀуплъапӀэр вгъэкъабзэ щхьэкӀэ, фи кӀуэцӀыр нэпсеягъэрэ бзаджагъэкӀэ гъэнщӀауэ щытщ, – жиӀащ Зиусхьэным. 40– Акъылыншэхэ! ӀуплъапӀэр къэзыгъэщӀа Тхьэр аракъэ кӀуэцӀри къэзыгъэщӀар. 41Фи кхъуэщынхэм, фи фалъэхэм ярылъыр псапэу вгуэши, фиӀэ псори къабзэ хъунущ.
42Ауэ фэ, фарисейхэр, гъуэгу мыгъуэ фытеуващ! Фи хадэм къытекӀ шхынхэлъхьэ удзхэри къэвмыгъанэу я Ӏыхьэ пщӀанэр Тхьэм и Унэм фохь, ауэ захуагъэмрэ Тхьэм хувиӀэн хуей фӀылъагъуныгъэмрэ гулъытэншэу къэвгъэнащ. Захуагъэрэ фӀылъагъуныгъэрэ зыхэлъ Ӏуэхухэрат япэрауэ влэжьын хуейр, Ӏыхьэ пщӀанэри тын зэрыхуейр зыщывмыгъэгъупщэу.
43Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ фарисейхэр, сыту жыпӀэмэ тхьэлъэӀупӀэ унэм фыщыщӀыхьэкӀэ жьантӀэмкӀэ фоунэтӀ, цӀыху зэхуэсыпӀэхэм деж пщӀэ лей къыщыволъыхъуэ.
44Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ фэ, цӀыхухэр зытеувэр ямыщӀэххэу зи гущӀыӀу яутэ кхъащхьэ хэкӀуэдэжахэм фахуэдэщи.
45Теурэт егъэджакӀуэхэм ящыщ зым Хьисэ къыжриӀащ абы щыгъуэ:
– УщиякӀуэ, а уи псалъэхэмкӀэ дэри ди жагъуэ къыбощӀ.
46– Теурэт егъэджакӀуэхэри гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, – жиӀащ Хьисэ. – ЦӀыхухэм яхуэмыхьын хьэлъэ ятыволъхьэри, а ятефлъхьа хьэлъэр ядэвгъэпсынщӀэн щхьэкӀэ, зыри фщӀэркъым.
47Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, фи адэжьхэм яукӀа бегъымбархэм фэ кхъэлэгъунэ яхувогъэуври. 48Фи адэжьхэм зэрахьа лейр зэрадэфӀыгъыр абыкӀэ къывогъэлъагъуэ: абыхэм бегъымбархэр яукӀыу щытащ, фэ а бегъымбархэм кхъэлэгъунэ яхувощӀ. 49Мис аращ Тхьэ Ӏущым мыпхуэдэу къыщӀыжиӀар: «Си бегъымбархэри си лӀыкӀуэхэри абыхэм я деж згъэкӀуэнущ. Ауэ языныкъуэхэр яукӀынущ, адрейхэр гугъу ирагъэхьынущ. 50Дунейр къызэрыхъурэ бегъымбархэм ялъу щӀэблэ псоми ягъэжар мы щӀэблэм япшыныжынущ. 51Ӏэбил деж къыщыщӀэдзауэ, къурмэн телъхьэпӀэмрэ Тхьэм и Унэмрэ я зэхуакум даукӀыхьа Зэчрей бегъымбарым деж щиухыжу, бегъымбар псоми я лъыр мы щӀэблэм япшыныжынущ». Сэри щыхьэт сытохъуэ абыхэм я лъыр мы щӀэблэм зэрырагъэпшыныжынумкӀэ.
52Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ теурэт егъэджакӀуэхэр, сыту жыпӀэмэ щӀэныгъэр щыгъэтӀылъа гъэтӀылъыпӀэм и ӀункӀыбзэӀухыр зыӀэщӀэфлъхьащи, фэри абы фыщӀыхьэркъым, щӀыхьэну хуейхэри щӀэвгъэхьэркъым.
53Хьисэ абы къыщӀэкӀыжа нэужь, теурэт егъэджакӀуэхэмрэ фарисейхэмрэ губжьауэ упщӀэ гугъу куэд Хьисэ ирату щӀадзащ, 54щагъауэу зэрагъэкъуэншэжын псалъэ къыжьэдашын я гугъэу.
Zur Zeit ausgewählt:
Лукас 11: АдгФЛ
Markierung
Teilen
Kopieren

Möchtest du deine gespeicherten Markierungen auf allen deinen Geräten sehen? Erstelle ein kostenloses Konto oder melde dich an.
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021

: