– Щыгъын кӀыхь зыщыгъыу къэзыкӀухьын зыфӀэфӀхэу, цӀыху зэхуэсыпӀэхэм деж сэлам къыщрахкӀэ зи гур зыгъэфӀ теурэт егъэджакӀуэхэм фахуэсакъ. Абыхэм тхьэлъэӀупӀэ унэхэми Ӏэнэ къыщаӀэт щӀыпӀэхэми тхьэмадэ тӀысыпӀэр щаубыдыну яфӀэфӀщ. Фызабэхэм я мылъкур фӀашх абыхэм, ауэ тхьэ щелъэӀукӀэ, цӀыхухэм зыкърагъэлъагъун щхьэкӀэ, я лъэӀур кӀыхьу яукъуэдий я хабзэщ. Апхуэдэхэм тезыр ткӀий къапоплъэ.