Лукас 4:9-12

Лукас 4:9-12 АДГФЛ

Абы и ужькӀэ Ӏиблисым Хьисэ Ерусэлим ишэщ, Тхьэм и Унэм и нэхъ лъагапӀэ дыдэм тригъэувэри жриӀащ: – Уэ Тхьэм ури-Къуэмэ, мыбдежым зедзыхыт; сыту жыпӀэмэ Тхыгъэ ЛъапӀэм мыпхуэдэу итщ: «Тхьэм и мелыӀычхэм укъахъумэну унафэ яхуищӀынущ». Мыпхуэдэуи итщ: «Уи лъакъуэмкӀэ мывэм ужьэхэмыуэн щхьэкӀэ, мелыӀычхэм я ӀэхэмкӀэ уапхъуэтэнурэ уаӀыгъынущ». – Тхыгъэ ЛъапӀэм итщ, – къитыжащ жэуап Хьисэ, – «Уи Тхьэу Зиусхьэныр бгъэунэхуну ухэмыт!»