Маттэ 1

1
1-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Хьисэ къызыхэкӀа лъэпкъыр
(Лука 3:23-38)
1Даут и къуэмрэ Ибрэхьим и къуэмрэ#1:1 Хьисэ – Хьисэ цӀэм къикӀыр «КъегъэлакӀуэщ». къызыхэкӀа лъэпкъым щыщ Хьисэ#1:1 Даут и къуэр, Ибрэхьим и къуэр – абыхэм я лъэпкъым къытехъукӀа лӀырщ. Мэссихь и хъыбарщ мыр.
2Ибрэхьим Исхьэкъ къыхуалъхуащ; Исхьэкъ Екъуб къыхуалъхуащ; абы Иудэрэ и къуэшхэмрэ къыхуалъхуащ; 3Иудэ Фаресрэ Зарэрэ#1:3 Фаресрэ Зарэрэ – Иудэ зи цӀэм и къуэ зэтӀолъхуэныкъуэхэрщ. Еплъ 1 Мусэ 38:27-30. къыхуалъхуащ; а тӀум я анэм и цӀэр Тамэрэщ; Фарес Есром къыхуалъхуащ; Есром Арам къыхуалъхуащ; 4Арам Аминадав къыхуалъхуащ; Аминадав Наасон къыхуалъхуащ; Наасон Салмон къыхуалъхуащ; 5Салмон Вооз къыхуалъхуащ; Вооз и анэм и цӀэр Рахавщ; Вооз Овид къыхуалъхуащ; Овид и анэм и цӀэр Рутщ; Овид Иессе къыхуалъхуащ; 6Иессе Даут пащтыхьыр къыхуалъхуащ.
Даут пащтыхьым Сэлмэн къыхуалъхуащ; Сэлмэн и анэр Урие зи цӀэм и фызу#1:6 Урие зи цӀэм и фызыр – Вирсавидщ (Батшэбэщ). Еплъ Самуел бегъымбарым и хъыбархэр зэрыт етӀуанэ тхылъым (2-я Царств) 12:24. щытащ. 7Сэлмэн Ровоам къыхуалъхуащ; Ровоам Авие къыхуалъхуащ; Авие Асэ къыхуалъхуащ; 8Асэ Иосафат къыхуалъхуащ; Иосафат Иорам къыхуалъхуащ; Иорам Озие къыхуалъхуащ; 9Озие Иоафам къыхуалъхуащ; Иоафам Ахаз къыхуалъхуащ; Ахаз Езекие къыхуалъхуащ; 10Езекие Манассие къыхуалъхуащ; Манассие Амон къыхуалъхуащ; Амон Иосие къыхуалъхуащ; 11Иосие Иоаким къыхуалъхуащ. Израил цӀыхухэр Бабилэн къалэшхуэм залымыгъэкӀэ щагъэӀэпхъуа лъэхьэнэм#1:11 Бабилэн къалэшхуэм залымыгъэкӀэ щагъэӀэпхъуа лъэхъэнэм – Хьисэ къэхъун и пэкӀэ 598-рэ гъэм Невукаднессэр пащтыхьым и зауэлӀхэм журтхэр залымыгъэкӀэ Бабилэн иригъэшащ. Иоаким Иехониерэ Иехоние и къуэшхэмрэ къыхуалъхуащ.
12Израил цӀыхухэр Бабилэн ягъэӀэпхъуа нэужь,#1:12 Израил цӀыхухэр Бабилэн ягъэӀэпхъуа нэужь – Хьисэ къэхъун и пэкӀэ 538-нэ гъэм, Персие къэралым и кайсар Кир зи цӀэм журтхэр я къэралым къагъэзэжыну хуит ищӀыжащ. Иехоние Салафиил къыхуалъхуащ; Салафиил Зоровавел къыхуалъхуащ; 13Зоровавел Авиуд къыхуалъхуащ; Авиуд Елиаким къыхуалъхуащ; Елиаким Азор къыхуалъхуащ; 14Азор Садок къыхуалъхуащ; Садок Ахим къыхуалъхуащ; Ахим Елиуд къыхуалъхуащ; 15Елиуд Елеазар къыхуалъхуащ; Елеазар Матфан къыхуалъхуащ; Матфан Екъуб къыхуалъхуащ; 16Екъуб Исуф къыхуалъхуащ. Ар МэссихькӀэ* зэджэ Хьисэ къэзылъхуа Мэрием и щхьэгъусэщ.
17Аращи, Ибрэхьим бегъымбарым деж къыщыщӀэдзауэ Даут пащтыхьым деж къэсыху щӀэблэ#1:17 щӀэблэ – адэмрэ и къуэмрэ яку дэлъ лъэхъэнэрщ. пщыкӀуплӀ мэхъу; Даут пащтыхьым деж къыщыщӀэдзауэ израил цӀыхухэр Бабилэн къалэшхуэм залымыгъэкӀэ щагъэӀэпхъуам нэс щӀэблэ пщыкӀуплӀ мэхъу; израил цӀыхухэр Бабилэн щагъэӀэпхъуам къыщыщӀэдзауэ Мэссихь#1:17 Мэссихь – Даут пащтыхьым и унагъуэ лъэпкъым къытехъукӀауэ, бегъымбархэм зэрыжаӀам тету, Израил цӀыхухэм щхьэхуитыныгъэрэ мамыр псэукӀэрэ яригъэгъуэтыну Тхьэм ахэр къызэригъэгугъа пщы лъапӀэр арщ. деж къэсыху щӀэблэ пщыкӀуплӀ мэхъу.
Хьисэ къызэралъхуар
(Лука 2:1-7)
18Хьисэ Мэссихь къызэралъхуар мыпхуэдэущ: Исуф Хьисэ и анэ Мэрием къишэну къыхихат,#1:18 Исуф … Мэрием къишэну къыхихат – журт хабзэм тету лӀы гуэрым къишэну къыхиха хъыджэбзыр къишэну хуэмеижмэ, лӀым къиша и фызыр зэрыригъэкӀыжым хуэдэу, иригъэкӀыжын хуейщ. ауэ ахэр зэрымышэ щӀыкӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и ӀэмыркӀэ Мэрием уэндэгъуу къыщӀэкӀащ. 19Мэрием илӀ Исуф щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхути, Мэрием и напэр цӀыхухэм я пащхьэм щытримыхын щхьэкӀэ, ар щэхуу иригъэкӀыжын мурад ищӀащ.
20Исуф а Ӏуэхум пыхьауэ, Зиусхьэным и мелыӀычыр абы пщӀыхьэпӀэу къыхуэкӀуащ.
– Даут и къуэ Исуф, – къыжиӀащ абы, – Мэрием къэпшэну умышынэ; абы къилъхуну сабийр къызыхэкӀыр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр арщ. 21Мэрием къуэ къыхуэхъунущ икӀи абы цӀэуэ фӀэпщынур Хьисэщ,* абы и лъэпкъым я гуэныхьхэр ящхьэщихынурэ, мыкӀуэду къригъэлынущи.
22А псор апхуэдэу щӀэхъуар Зиусхьэным#1:22-23 Зиусхьэным и псалъэхэр – еплъ Ешайа бегъымбарым и тхылъым 7:14. бегъымбарым игу кърилъхьэу жригъэӀа псалъэхэр пэж хъун щхьэкӀэщ:
23«Хъыджэбзыр лъэщыджэ хъунущ,
къуэи къилъхунущ.
Абы цӀэуэ фӀащынур Еммануилщ.
„Тхьэр ди гъусэщ“,
аращ а цӀэм къикӀыр».
24Исуф къэушри, Зиусхьэным и мелыӀычым къызэрыжриӀам тету зекӀуащ икӀи Мэрием къишащ. 25Ауэ ар къишэн ипэ, Мэрием и япэ къуэр къилъхуащ. Исуф абы цӀэуэ фӀищар Хьисэщ.

Vurgu

Paylaş

Kopyala

None

Önemli anlarınızın tüm cihazlarınıza kaydedilmesini mi istiyorsunuz? Kayıt olun ya da giriş yapın

YouVersion, deneyiminizi kişiselleştirmek için tanımlama bilgileri kullanır. Web sitemizi kullanarak, Gizlilik Politikamızda açıklandığı şekilde çerez kullanımımızı kabul etmiş olursunuz