1
Гъэсэпэтхыдэхэр 19:21
ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ
АдгФЛ
Гугъэу цӀыхум ищӀыр мэхъур куэд, ауэ Тхьэуэ Зиусхьэным иухахэращ зэщӀэнур.
సరిపోల్చండి
Гъэсэпэтхыдэхэр 19:21 ని అన్వేషించండి
2
Гъэсэпэтхыдэхэр 19:17
ТхьэмыщкӀэм гущӀэгъу хуэзыщӀым иритым хуэдэщ щӀыхуэ Тхьэуэ Зиусхьэным, – хуэфащэ фӀыщӀэтынкӀэ абы Ар къыхуэупсэжынущ.
Гъэсэпэтхыдэхэр 19:17 ని అన్వేషించండి
3
Гъэсэпэтхыдэхэр 19:11
Акъыл зиӀэм и губжьыр ирекъух, икӀагъэу кърахари зыгъэгъум пщӀэ хуэфащэщ.
Гъэсэпэтхыдэхэр 19:11 ని అన్వేషించండి
4
Гъэсэпэтхыдэхэр 19:20
ЩӀэдэӀу чэнджэщхэм, ущиери умыщӀ ӀэщӀыб, урихъунщ иужькӀэ абыхэм уэ цӀыху Ӏущ.
Гъэсэпэтхыдэхэр 19:20 ని అన్వేషించండి
5
Гъэсэпэтхыдэхэр 19:23
Тхьэуэ Зиусхьэным и фӀэлӀыкӀым узыхуишэр гъащӀэщ, ар зи щэным къыхэщт имыӀэу ирех и жэщхэр, бэлыхьлажьаеми пэӀэщӀэ хуохъур.
Гъэсэпэтхыдэхэр 19:23 ని అన్వేషించండి
6
Гъэсэпэтхыдэхэр 19:8
Ӏущыгъэм лъыхъуэр и псэм дощӀ, акъылым текӀ имыӀэу тетым и Ӏуэхур ефӀэкӀуэнщ.
Гъэсэпэтхыдэхэр 19:8 ని అన్వేషించండి
7
Гъэсэпэтхыдэхэр 19:18
ХэмытӀасэ щӀыкӀэ быным еущие: умыхъу и жэуаптакӀуэ абы и кӀуэдыр къызыхэкӀынум.
Гъэсэпэтхыдэхэр 19:18 ని అన్వేషించండి
8
Гъэсэпэтхыдэхэр 19:9
Щыхьэт нэпцӀым хуэфащэ хьэкъ игъуэтыжынущ, цӀыху пцӀыӀуэпцӀышэри кӀуэдынущ кӀуэдыкӀейуэ.
Гъэсэпэтхыдэхэр 19:9 ని అన్వేషించండి
హోమ్
బైబిల్
ప్రణాళికలు
వీడియోలు