1
Маттэ 27:46
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
KbdNTGP2017
Сыхьэтыр щым Хьисэ макъ хэӀэтыкӀакӀэ джащ: – Или, или, ламэ савахфани? (Абы къикӀыр «Уэ си Тхьэ, уэ си Тхьэ, утыкум си закъуэу щхьэ сыкъибна?»)
နှိုင်းယှဉ်
Маттэ 27:46ရှာဖွေလေ့လာလိုက်ပါ။
2
Маттэ 27:51-52
Тхьэм и унэшхуэ кӀуэцӀым фӀэлъ Ӏупхъуэр и щхьэм къы-щыщӀэдзауэ и лъабжьэм нэс тӀууэ къызэгуэтхъащ абы ирихьэлӀэу. ЩӀыри къэхъеящ. Мывэхэри зэгуэудащ. Кхъэлэгъунэхэр къызэӀуха хъури, Тхьэм и цӀыху лъапӀэу лӀауэ щытахэм ящыщ куэд къэтэджыжащ.
Маттэ 27:51-52ရှာဖွေလေ့လာလိုက်ပါ။
3
Маттэ 27:50
Макъ хэӀэтыкӀакӀэ аргуэру джэри, Хьисэ и псэр итащ.
Маттэ 27:50ရှာဖွေလေ့လာလိုက်ပါ။
4
Маттэ 27:54
Дзэ пашэмрэ абы и гъусэу Хьисэ зыхъумэу щытахэмрэ щӀыр зэрыхъейри, мо къэхъу псори щалъагъум, хуабжьу къэшынауэ жаӀащ: – ИпэжыпӀэкӀэ мыр Тхьэм и Къуэу щытащ.
Маттэ 27:54ရှာဖွေလေ့လာလိုက်ပါ။
5
Маттэ 27:45
Шэджагъуэм къыщыщӀэдзауэ сыхьэтыр щым нэсыху а къэралыр зэрыщыту кӀыфӀыгъэм щӀиуфащ.
Маттэ 27:45ရှာဖွေလေ့လာလိုက်ပါ။
6
Маттэ 27:22-23
– МэссихькӀэ зэджэ Хьисэ сыт есщӀэнур? – щӀэупщӀащ Пилат. – Жорым еӀулӀ, – жаӀащ псоми. – Абы сыт щӀэпхъаджагъэу ищӀар? – щӀэупщӀащ Пилат. Ауэ ахэр нэхъ ину къызэрыгъэкӀиящ: – Жорым еӀулӀ!
Маттэ 27:22-23ရှာဖွေလေ့လာလိုက်ပါ။