1
Маттэ 16:24
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
KbdNTGP2017
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ итӀанэ: – Си ужь зыгуэр къиувэну хуеймэ, езыр зыхуей Ӏуэхугъуэхэр кърегъанэ, лӀэныгъэм и жорыр кърещти, си ужь къреувэ.
နှိုင်းယှဉ်
Маттэ 16:24ရှာဖွေလေ့လာလိုက်ပါ။
2
Маттэ 16:18
Сэ ныбжызоӀэ, уэ у-Петрщ, уэ мывэм ухуэдэщ, сэ си члисэр уэ птесщӀыхьынущ икӀи лӀэныгъэм и къарухэр а члисэм пэлъэщынукъым.
Маттэ 16:18ရှာဖွေလေ့လာလိုက်ပါ။
3
Маттэ 16:19
Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм и ӀункӀыбзэхэр уэстынущ; щӀылъэм сыт уэ хуит щумыщӀыр уафэми хуит щыхъунукъым; щӀылъэм сыт уэ хуит щыпщӀыр уафэми хуит щыхъунущ.
Маттэ 16:19ရှာဖွေလေ့လာလိုက်ပါ။
4
Маттэ 16:25
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи псэр мыкӀуэду къезыгъэлыну хуей дэтхэнэми и псэр фӀэкӀуэдынущ, ауэ сэр щхьэкӀэ зи псэр зыфӀэкӀуэд дэтхэнэми и псэр мыкӀуэду къелынущ.
Маттэ 16:25ရှာဖွေလေ့လာလိုက်ပါ။
5
Маттэ 16:26
Дуней псор зы цӀыхум ей хъууэ, езыр кӀуэдмэ, а цӀыхум фӀыуэ къыхухэкӀынур сыт? Хьэмэрэ зы цӀыхум и псэм щхьэкӀэ уасэу итыфынур сыт?
Маттэ 16:26ရှာဖွေလေ့လာလိုက်ပါ။
6
Маттэ 16:15-16
– АтӀэ фэ сэ сыхэту жыфӀэрэ? – еупщӀащ Хьисэ абыхэм. – Уэращ Мэссихьу гъащӀэр къызыбгъэдэкӀ Тхьэм и Къуэр, – жиӀащ Симон Петр.
Маттэ 16:15-16ရှာဖွေလေ့လာလိုက်ပါ။
7
Маттэ 16:17
– Гъуэгу махуэ утеуващ, уэ Инус и къуэ Симон, – жриӀащ Хьисэ абы. – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мыр зэхозыгъэщӀыкӀар цӀыхуракъым, атӀэ си Адэу уафэм щыӀэр арщ.
Маттэ 16:17ရှာဖွေလေ့လာလိုက်ပါ။