ДжакӀуэ 9

9
Ебгъуанэ Ӏыхьэ
ЛӀэныгъэр псоми къапэщылъщ
1А псом сыкъегупсысри, сыкъызыхуэкӀуар аращи, захуащӀэри, Ӏущри, абыхэм я лэжьыгъэри Тхьэм и ӀэмыщӀэ илъщ. Къыпэплъэр зыщӀэ зыри щыӀэкъым: фӀылъагъуныгъэ хьэмэрэ лъагъумыхъуныгъэ. 2ЗахуащӀэми бзаджащӀэми, гущӀэгъу зыхэлъми гущӀэгъуншэми#9:2 Пасэрей Ӏэрытхым «гущӀэгъуншэ» псалъэр хэткъым., къабзэми къабзагъэ зыбгъэдэмылъми, къурмэн зыщӀми зымыщӀми – дэтхэнэми къапэщылъыр а зыращ.
ПсапащӀэм и щхьэ сыт кърикӀуэми,
псэкӀуэдщӀагъэ зыщӀэми къыщыщӀынущ,
тхьэлъанэ зыщӀхэр сытым Ӏууэми,
тхьэрыӀуэ псалъэм щыщтэхэри хуэзэнущ.
3Мы уафэм и щӀагъым къыщыхъухэм щыщу мис ар тхьэмыщкӀагъэщ: а зыр дэтхэнэми къыпэщылъщ. Псэуху цӀыхум и гур бзаджагъэрэ акъылыншагъэкӀэ гъэнщӀауэ къогъуэгурыкӀуэри, япэ ищахэм я пащхьэ йохьэж.
4Псэ зыӀут псори мэгугъэ. Псэ зыӀумытыж аслъэным нэхърэ, псэ зыӀут хьэм и Ӏуэхур нэхъыфӀщ. 5Псэ зыӀутым кӀэ зэриӀэр ещӀэ. ЛӀам зыри ящӀэкъым, къетэни щыӀэкъым абыхэм, хэбгъэзыхьмэ я цӀэ дыдэри яӀэщӀэхужынущ. 6Я фӀылъагъуныгъи, я лъагъумыхъуныгъи, зрафыгъулӀэу щытаи – зы къэмынэу кӀуэдыжащ, мы уафэм и щӀагъым къыщыхъухэми къэгъазэ имыӀэу хэкӀыжащ.
7Аращи, уи щӀакхъуэри ӀэфӀу шхы, уи санэми гуфӀэм ухэту ефэ – Тхьэм ахэр фӀэгунэсщ. 8Сыт щыгъуи уи щыгъыныфӀхэр зыщыгъагъ, уи щхьэцхэми мэ дахэ къызыхих дагъэр щыхуэ. 9Мы уафэм и щӀагъым щыбгъащӀэ Тхьэм къыуита махуэ пщӀэншэхэр фӀыуэ плъагъу уи щхьэгъусэм удэтхъэу гъакӀуэ – гъащӀэм узыӀуигъауэ гугъуехьхэм пэкӀуэу Тхьэм аращ къыпхуигъэфащэр. 10Хьэдрыхэ уздэкӀуэжынум Ӏуэхуи, гупсыси, щӀэныгъи, Ӏущыгъи щыӀэкъым, аращи плъэкӀыху пхузэфӀэкӀ къыумыгъанэу щӀэ.
11Иджыри нэгъуэщӀ зыгуэр щыслъэгъуащ сэ мы уафэм и щӀагъым:
жэрыр зэпымычу къатежкъым,
хахуэми сыт щыгъуи текӀуэныгъэр къыдихкъым,
Ӏущым щӀакхъуэ Ӏыхьэ щимыӀи къыхокӀ,
губзыгъэми мылъку щыбгъэдэмылъ къохъу,
щӀэныгъэ зиӀэхэми фӀыщӀэ хуащӀ зэпыткъым –
псоми игъуэрэ пӀалъэрэ яӀэщ.
12ЦӀыхум ищӀэкъым и пӀалъэр къыщысынур: бдзэжьейр хъым щиубыдынур, бзури бзуущэм къызэринэнур зэрамыщӀэм ещхьу, цӀыхури уащхъуэдэмыщхъуэу тхьэмыщкӀагъэм зыӀэщӀелъхьэ.
Ӏущыгъэмрэ делагъэмрэ теухуа гупсысэхэр
13Ӏущыгъэм и зы щапхъэ гъэщӀэгъуэн дыди щыслъэгъуащ сэ мы уафэм и щӀагъым.
14Дэс щӀагъуэ щымыӀэу зы къалэ цӀыкӀу щыӀэт. ЛъэкӀышхуэ зиӀэ пащтыхь гуэр къебгъэрыкӀуэщ абыи, къитӀысыхьри, къищтэн щхьэкӀэ хузэфӀэкӀи къигъэнакъым. 15Ауэ хуэмыщӀауэ псэууэ а къалэм зы цӀыху Ӏущ дэсти, и ӀущыгъэкӀэ къригъэлащ абы къалэр. АрщхьэкӀэ иужьым а цӀыху тхьэмыщкӀэр зыми ягу къэмыкӀыжу яӀэщӀэгъупщыкӀыжащ.
16«Лъэщагъ нэхърэ Ӏущыгъэр нэхъыфӀщ», – жысӀащ абы щыгъуэм. АрщхьэкӀэ тхьэмыщкӀэм къылъыкъуэкӀ Ӏущыгъэр ауи кърадзэркъым, и псалъэри хъатэ пэмыхьэ ящӀ.
17Ӏулэм я пашэм и кӀий-гуо макъым уедаӀуэ нэхърэ,
цӀыху Ӏущым щэхуу жиӀэр зэхэпхмэ нэхъыфӀщ.
18Ӏэщэ нэхърэ Ӏущыгъэр нэхъыфӀщ,
ауэ зы псэкӀуэдыщӀэм Ӏуэху щхьэпэ куэд дэкӀуэдынкӀэ хъунущ.

הדגשה

שתפו

העתק

None

רוצים לשמור את ההדגשות שלכם בכל המכשירים שלכם? הירשמו או היכנסו