1
Гъэсэпэтхыдэхэр 3:5-6
ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ
АдгФЛ
ГущӀэ лъащӀэ псомкӀи Тхьэуэ Зиусхьэным дзыхь егъэз, уи акъылым ущымыгугъыщэ; кӀуапӀэу хэпшхэми Тхьэр къыщылъыхъуэ, уи гъуэгур занщӀэ мис Абы ищӀынщ.
సరిపోల్చండి
Гъэсэпэтхыдэхэр 3:5-6 ని అన్వేషించండి
2
Гъэсэпэтхыдэхэр 3:7
ЦӀыху Ӏущу зыкъыпфӀэщӀыжыным щыщтэ, Тхьэуэ Зиусхьэным фӀэлӀыкӀ зэпыт, бзаджэм зыпыӀудз
Гъэсэпэтхыдэхэр 3:7 ని అన్వేషించండి
3
Гъэсэпэтхыдэхэр 3:9-10
Къыпхэхъуэм щыщкӀэ Тхьэуэ Зиусхьэным фӀыщӀэ хуэщӀ, гъаващхьэ тыхьри лъыгъэс; уи гуэн я лъащӀэ унэмыплъысыфу хъунщ, санэхури санэщӀэхухэм къащхьэпрыжынщ.
Гъэсэпэтхыдэхэр 3:9-10 ని అన్వేషించండి
4
Гъэсэпэтхыдэхэр 3:3
ФӀылъагъуныгъэмрэ пэжыгъэмрэ пэӀэщӀэ уахуэмыхъукӀэ, гъащӀэ гъуэмылэу ахэр зехьэ, гущӀагъщӀэлъыбзэуи къехьэкӀ.
Гъэсэпэтхыдэхэр 3:3 ని అన్వేషించండి
5
Гъэсэпэтхыдэхэр 3:11-12
УемыпэгэкӀ, си щӀалэ, Тхьэуэ Зиусхьэным ущиузэхужкӀэ, Абы и гие псалъэри зоумыусыгъуэджэ: зэрыхуэхъущӀэм ещхьу фӀыуэ илъагъу быным адэр Тхьэуэ Зиусхьэнри и щӀасэхэм йогие.
Гъэсэпэтхыдэхэр 3:11-12 ని అన్వేషించండి
6
Гъэсэпэтхыдэхэр 3:1-2
Ущиеу узыщӀэзгъэдэӀухэр, си щӀалэ, зыщумыгъэгъупщэ, унафэу пхуэсщӀхэри къренэ уигу: абы уи гъащӀэр илъэс куэдкӀэ яшэщӀынущ, ехъулӀэныгъи гупсэхугъуи къыпхуахьынущ.
Гъэсэпэтхыдэхэр 3:1-2 ని అన్వేషించండి
7
Гъэсэпэтхыдэхэр 3:13-15
Ежьащ гъуэгу махуэ Ӏущыгъэр къэзыгъуэтыр, ехъулӀащ зиӀэр зэхэщӀыкӀ; Ӏущыгъэр йолъэпӀэкӀ дыжьыным, дыщэ плъыжьым хуэмыдэуи и хэхъуэр инщ. Налкъутналмэсхэм нэхъри ар нэхъ лъапӀэщ, уи гум фӀэӀэфӀхэм ящыщу абы пэхъуни зы щымыӀэ.
Гъэсэпэтхыдэхэр 3:13-15 ని అన్వేషించండి
8
Гъэсэпэтхыдэхэр 3:27
ФӀыр зыхуэфащэм епэс, ар уи ӀэмыщӀэ илъмэ.
Гъэсэпэтхыдэхэр 3:27 ని అన్వేషించండి
9
Гъэсэпэтхыдэхэр 3:19
Мы дунеижьыр Тхьэуэ Зиусхьэным и Ӏущыгъэщ къызэригъэщӀар, и акъылщ уафэгури зэрыхуищӀыжар
Гъэсэпэтхыдэхэр 3:19 ని అన్వేషించండి
హోమ్
బైబిల్
ప్రణాళికలు
వీడియోలు