1
Маттэ 19:26
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
KbdNTGP2017
Абыхэм еплъри, Хьисэ яжриӀащ: – ЦӀыхухэм езыхэм мыкӀуэду зыкърагъэлын яхузэфӀэкӀыркъым, ауэ Тхьэм хузэфӀэмыкӀын Ӏуэху зыри щыӀэкъым.
సరిపోల్చండి
Маттэ 19:26 ని అన్వేషించండి
2
Маттэ 19:6
Аращи, ахэр зыпкъщ, пкъитӀ хъужыркъым. Апхуэдэу щыщыткӀэ, Тхьэм гъусэ зэхуищӀа цӀыхуитӀыр цӀыхум зэбгъэдигъэкӀыж хъунукъым.
Маттэ 19:6 ని అన్వేషించండి
3
Маттэ 19:4-5
– Тхьэуэ дунейр къэзыгъэщӀам щӀэдзапӀэм деж цӀыхухэр «цӀыхухъурэ цӀыхубзу къигъэщӀащ», жиӀэу Тхьэм и псалъэу тхахэм хэту феджакъэ? – жэуап итыжащ Хьисэ. – «Абы къыхэкӀкӀэ, лӀыр и адэ-анэм яхэкӀынурэ, и фызым щӀыгъуу, тӀури зыпкъ хъунущ», жиӀэу Тхьэм зэрыжиӀам феджакъэ?
Маттэ 19:4-5 ని అన్వేషించండి
4
Маттэ 19:14
Хьисэ жиӀащ: – Сабийхэр си деж кърекӀуэ, фапэрымыуэ, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэтщи.
Маттэ 19:14 ని అన్వేషించండి
5
Маттэ 19:30
Ауэ я пэ итхэм ящыщ куэд я ужь къинэнущ, я ужь итхэри япэ ищынущ.
Маттэ 19:30 ని అన్వేషించండి
6
Маттэ 19:29
ИкӀи е и унэхэр, е и къуэшхэр, е и шыпхъухэр, е и адэ, е и анэ, е и бынхэр, е и щӀапӀэр сэр щхьэкӀэ къэзыбгына дэтхэнэми хуэдищэ игъуэтыжынущ икӀи мыкӀуэдыжын гъащӀэ ӀыхьэфӀу къылъысынущ.
Маттэ 19:29 ని అన్వేషించండి
7
Маттэ 19:21
– Уи щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса ухъуну ухуеймэ, кӀуэ, уи мылъкур щэжи, ахъшэр тхьэмыщкӀэхэм яхуэгуэш, – жриӀащ Хьисэ. – Уафэм мылъкушхуэ ущиӀэ хъунущ абы щыгъуэ. Си ужь къиувэ итӀанэ.
Маттэ 19:21 ని అన్వేషించండి
8
Маттэ 19:17
– ФӀымкӀэ щхьэ укъызэупщӀрэ? – жриӀащ Хьисэ а щӀалэм. – Тхьэм фӀэкӀа фӀы щыӀэкъым. МыкӀуэдыжын гъащӀэ бгъуэтыну ухуеймэ, Тхьэм и унафэхэр гъэзащӀэ.
Маттэ 19:17 ని అన్వేషించండి
9
Маттэ 19:24
– Иджыри нывжызоӀэ, бейр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэн нэхърэ мастэнэм махъшэкӀэ икӀыныр нэхъ тыншщ.
Маттэ 19:24 ని అన్వేషించండి
10
Маттэ 19:9
Ауэ сэ нывжызоӀэ, и фыз зинэ имыщӀауэ ар изыгъэкӀыжу нэгъуэщӀ фыз къэзышэж дэтхэнэми зинэ ищӀауэ мэхъу. Абы ещхьу, лӀы гуэрым иригъэкӀыжа фыз къэзышэжми зинэ ищӀауэ мэхъу.
Маттэ 19:9 ని అన్వేషించండి
11
Маттэ 19:23
– Пэжыр нывжызоӀэ, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэныр бейм дежкӀэ гугъущ, – яжриӀащ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм.
Маттэ 19:23 ని అన్వేషించండి