1
Маттэ 11:28
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
KbdNTGP2017
– ЦӀыху ешаелӀа, хьэлъэ уэндэгъу зытелъ псори, си деж фыкъакӀуэ, гузэгъэгъуэ фэстынущи.
సరిపోల్చండి
Маттэ 11:28 ని అన్వేషించండి
2
Маттэ 11:29
Си бжьыр зытефлъхьэ, жысӀэр зэвгъащӀэ, сэ сигур щабэщ икӀи пагагъэ схэлъкъыми. ПсэмкӀэ гузэгъэгъуэ вгъуэтынущ итӀанэ
Маттэ 11:29 ని అన్వేషించండి
3
Маттэ 11:30
си бжьыр шэчыгъуафӀэщ, си хьэлъэри уэндэгъукъыми.
Маттэ 11:30 ని అన్వేషించండి
4
Маттэ 11:27
– Псори си Адэм къысӀэщӀилъхьащ. Къуэ лъапӀэр зыхуэдэр Адэ лъапӀэм фӀэкӀа, зыми ищӀэркъым. Адэ лъапӀэр зыхуэдэри Къуэ лъапӀэмрэ Къуэ лъапӀэм ар зригъэщӀэну хуей цӀыхухэмрэ фӀэкӀа, зыми ищӀэркъым.
Маттэ 11:27 ని అన్వేషించండి
5
Маттэ 11:4-5
– Вгъэзэжи, – яжриӀащ абыхэм Хьисэ, – зэхэфхымрэ флъагъумрэ Иуан хуэфӀуэтэж: Нэфхэр къоплъэж, лъашэхэр тэрэзу зекӀуэ, уэшын уз зэфыкӀхэр узыншэ, дэгухэм зэхах мэхъуж, лӀахэр къотэджыж, тхьэмыщкӀэхэм хъыбарыфӀыр къалъоӀэс.
Маттэ 11:4-5 ని అన్వేషించండి
6
Маттэ 11:15
ИридэӀуэну тхьэкӀумэ зиӀэр иредаӀуэ.
Маттэ 11:15 ని అన్వేషించండి