1
Гъэсэпэтхыдэхэр 11:25
ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ
АдгФЛ
Унэнущ цӀыху жумартыр, псы хуэлӀэм и псыхуэлӀэр изыгъэкӀым ищӀэнкъым зэикӀ ар зищӀысыр.
Compare
Гъэсэпэтхыдэхэр 11:25ਪੜਚੋਲ ਕਰੋ
2
Гъэсэпэтхыдэхэр 11:24
Зыр – увыӀэ жыхуаӀэр имыщӀэу мэгуашэ, щӀэчэ имыӀэуи къыхохъуэ; зым – и нэпсеягъэм кӀэ имыӀэ, итӀанэми тхьэмыщкӀэ мэхъур.
Гъэсэпэтхыдэхэр 11:24ਪੜਚੋਲ ਕਰੋ
3
Гъэсэпэтхыдэхэр 11:2
Пагагъэм итщ иужь емыкӀур, цӀыху Ӏэсэми Ӏущыгъэр и Ӏэпэгъущ.
Гъэсэпэтхыдэхэр 11:2ਪੜਚੋਲ ਕਰੋ
4
Гъэсэпэтхыдэхэр 11:14
Зыгъэгъуэзэн щимыӀэм деж мэкӀуэдыр лъэпкъыр, упщӀэжакӀуэр и куэдмэ, ар мэунэ.
Гъэсэпэтхыдэхэр 11:14ਪੜਚੋਲ ਕਰੋ
5
Гъэсэпэтхыдэхэр 11:30
ЗахуащӀэм и Ӏэужьыр гъащӀэ жыгым хуэдэщ, цӀыху Ӏущым къыдехьэхыр жылэр.
Гъэсэпэтхыдэхэр 11:30ਪੜਚੋਲ ਕਰੋ
6
Гъэсэпэтхыдэхэр 11:13
Хуэущэхункъым бзэгузехьэм кърагъэза дзыхьыр, цӀыху пэжым щэхур и хьэдрыхэ псалъэщ.
Гъэсэпэтхыдэхэр 11:13ਪੜਚੋਲ ਕਰੋ
7
Гъэсэпэтхыдэхэр 11:17
ЦӀыху щабэр и щхьэщ зыхуэтэжыр, гущӀэгъу зимыӀэрщ зи зэран зэкӀыжыр.
Гъэсэпэтхыдэхэр 11:17ਪੜਚੋਲ ਕਰੋ
8
Гъэсэпэтхыдэхэр 11:28
Мылъкум щыгугъыр дэхуэхынщ, захуащӀэм и гъащӀэр гъатхэ пасэу зэщӀэущкъулэнщ.
Гъэсэпэтхыдэхэр 11:28ਪੜਚੋਲ ਕਰੋ
9
Гъэсэпэтхыдэхэр 11:4
Мылъкум Тхьэм и губжьым ущихъумэнукъым, захуагъэрщ ажалым укъыӀэщӀэзыхынур.
Гъэсэпэтхыдэхэр 11:4ਪੜਚੋਲ ਕਰੋ
10
Гъэсэпэтхыдэхэр 11:3
ЗахуащӀэхэр я гу къабзагъэм еузэщӀыр, цӀыху гъэпцӀакӀуэхэр бзаджагъэу ящӀэм токӀуэдэжыр.
Гъэсэпэтхыдэхэр 11:3ਪੜਚੋਲ ਕਰੋ
11
Гъэсэпэтхыдэхэр 11:22
Сыт зэщхьыр цӀыхубз гуакӀуэу акъыл зимыӀэр? – Дыщэ Ӏэлъыну кхъуэпэм фӀэлъырщ зыхуэдэр ар.
Гъэсэпэтхыдэхэр 11:22ਪੜਚੋਲ ਕਰੋ
12
Гъэсэпэтхыдэхэр 11:1
ХуищӀакӀэщ гущыкӀ тэрэзэ нэпцӀхэм Тхьэуэ Зиусхьэным, еплъащ Ар нэфӀкӀэ шэчалъэ пэжым.
Гъэсэпэтхыдэхэр 11:1ਪੜਚੋਲ ਕਰੋ
Home
ਬਾਈਬਲ
Plans
ਵੀਡੀਓ