1
Гъэсэпэтхыдэхэр 29:25
ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ
АдгФЛ
ЦӀыхум щышынэм лъахъэ зрелъхьэжыр, Тхьэуэ Зиусхьэным щыгугъыр хъунщ шынагъэм пэӀэщӀэ.
ႏွိုင္းယွဥ္
Гъэсэпэтхыдэхэр 29:25ရွာေဖြေလ့လာလိုက္ပါ။
2
Гъэсэпэтхыдэхэр 29:18
Уэхьий къахуэмыкӀуауэ щытмэ, ӀэубыдыпӀэншэ мэхъур цӀыхур, Тхьэм и Хабзэ емыбакъуэр теуващ гъуэгу махуэ.
Гъэсэпэтхыдэхэр 29:18ရွာေဖြေလ့လာလိုက္ပါ။
3
Гъэсэпэтхыдэхэр 29:11
Акъылыншэм и губжьыр кърекӀут, губзыгъэм хэлъщ шыӀагъэ.
Гъэсэпэтхыдэхэр 29:11ရွာေဖြေလ့လာလိုက္ပါ။
4
Гъэсэпэтхыдэхэр 29:15
Фэлъырымрэ гиемрэщ Ӏущыгъэр къызыхэкӀыр, бын мыгъэсам и укӀытэгъуэ хэтщ хэмыкӀыу анэр.
Гъэсэпэтхыдэхэр 29:15ရွာေဖြေလ့လာလိုက္ပါ။
5
Гъэсэпэтхыдэхэр 29:17
Уи бын еущие зэпыти, гупсэхугъуэ къуитыжынщ, уигъэлъагъунщ гухэхъуэ куэди.
Гъэсэпэтхыдэхэр 29:17ရွာေဖြေလ့လာလိုက္ပါ။
6
Гъэсэпэтхыдэхэр 29:23
ИгъэикӀэнщ зэгуэр пагагъэм цӀыхур, зызыгъэцӀыкӀури зэгуэр ялъытэжынщ.
Гъэсэпэтхыдэхэр 29:23ရွာေဖြေလ့လာလိုက္ပါ။
7
Гъэсэпэтхыдэхэр 29:22
Акъылцыджым къызэщӀегъэстыр зэныкъуэкъур, шыӀагъэ зыхэмылъри дапщэщи гуэныхьщӀакӀуэщ.
Гъэсэпэтхыдэхэр 29:22ရွာေဖြေလ့လာလိုက္ပါ။
8
Гъэсэпэтхыдэхэр 29:20
Зи гупсысэм япэ псалъэр изыгъэщ цӀыхур плъагъурэ?! Абы нэхърэ акъылыншэм иджыри нэхъ узыщегъэгугъ.
Гъэсэпэтхыдэхэр 29:20ရွာေဖြေလ့လာလိုက္ပါ။
ပင္မစာမ်က္ႏွာ
သမၼာက်မ္းစာ
အစီအစဥ္မ်ား
ဗီဒီယိုမ်ား