1
Гъэсэпэтхыдэхэр 15:1
ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ
АдгФЛ
Жэуап Ӏэсэм губжьыр егъэужьых, къызэщӀегъэстыр псалъэ гуауэм губжьыр.
ႏွိုင္းယွဥ္
Гъэсэпэтхыдэхэр 15:1ရွာေဖြေလ့လာလိုက္ပါ။
2
Гъэсэпэтхыдэхэр 15:33
Ӏущыгъэщ узыхуигъасэр Тхьэуэ Зиусхьэным фӀэлӀыкӀыным, Тхьэм зыхуэгъэлъэхъшэнми еӀэт уи щӀыхьыр.
Гъэсэпэтхыдэхэр 15:33ရွာေဖြေလ့လာလိုက္ပါ။
3
Гъэсэпэтхыдэхэр 15:4
ГуапэжыӀэр гъащӀэ жыгым хуэдэщ, псалъэ жыӀэпхъаджэм лъэр щӀеуд.
Гъэсэпэтхыдэхэр 15:4ရွာေဖြေလ့လာလိုက္ပါ။
4
Гъэсэпэтхыдэхэр 15:22
Чэнджэщ зыхэмылъ гухэлъ-гукъэкӀхэр мэщэщэж, чэнджэщэгъухэр зи бэм сытри къехъулӀэнщ.
Гъэсэпэтхыдэхэр 15:22ရွာေဖြေလ့လာလိုက္ပါ။
5
Гъэсэпэтхыдэхэр 15:13
И гур хэхъуэмэ, нэгуфӀэ мэхъур цӀыхур, гухэщӀ-гукъеуэм и лъэр щӀегъэху.
Гъэсэпэтхыдэхэр 15:13ရွာေဖြေလ့လာလိုက္ပါ။
6
Гъэсэпэтхыдэхэр 15:3
Тхьэуэ Зиусхьэныр маплъэри плъапӀэм итщ: бзаджащӀэри, захуащӀэри елъагъу.
Гъэсэпэтхыдэхэр 15:3ရွာေဖြေလ့လာလိုက္ပါ။
7
Гъэсэпэтхыдэхэр 15:16
Шынагъэри къыдыхэту мылъкушхуэ уиӀэ нэхърэ убгъэдэлъыр мащӀэми, нэхъыфӀщ Тхьэуэ Зиусхьэным уфӀэлӀыкӀмэ.
Гъэсэпэтхыдэхэр 15:16ရွာေဖြေလ့လာလိုက္ပါ။
8
Гъэсэпэтхыдэхэр 15:18
КъэлыбыгъуафӀэм къызэщӀегъэстыр зэныкъуэкъур, шыӀагъэ зыхэлъым зэпэщӀэувэр егъэужьыхыр.
Гъэсэпэтхыдэхэр 15:18ရွာေဖြေလ့လာလိုက္ပါ။
9
Гъэсэпэтхыдэхэр 15:28
ЗахуащӀэм и жэуапыр сыт щыгъуи зэпешачэр, бзаджащӀэм и жыӀэр гуемыӀуу мэпыджэ.
Гъэсэпэтхыдэхэр 15:28ရွာေဖြေလ့လာလိုက္ပါ။
ပင္မစာမ်က္ႏွာ
သမၼာက်မ္းစာ
အစီအစဥ္မ်ား
ဗီဒီယိုမ်ား