1
Лукас 6:38
ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ
АдгФЛ
ЦӀыхухэм зыщӀэлъэӀур ефти, Тхьэм фэри къывитынущ. Пщалъэм изу, зэщыгуарэ зэщыубэжауэ Тхьэм къыфхуипщыжынущ. НэгъуэщӀу жыпӀэмэ, фэ зэрыфпщ пщалъэм хуэдэкӀэщ фэри къызэрыфхуапщынур.
ႏွိုင္းယွဥ္
Лукас 6:38ရွာေဖြေလ့လာလိုက္ပါ။
2
Лукас 6:45
ЦӀыху угъурлым фӀыр щихъумэ и гум фӀы кърех. ЦӀыху ябгэм ер щихъумэ и гум е кърех. Сыту жыпӀэмэ цӀыхум и гум илъырщ и бзэм къипсэлъыр.
Лукас 6:45ရွာေဖြေလ့လာလိုက္ပါ။
3
Лукас 6:35
Ауэ фэ фи бийхэр фӀыуэ флъагъу, фӀы яхуэфщӀэ икӀи щӀыхуэ ефт, къыватыжыну фыщымыгугъми. Абы щыгъуэ саугъэтышхуэ къыфлъысынущ икӀи Я Нэхъ Лъагэм и бын фыхъунущ, Тхьэр фӀыщӀэ зымыщӀхэми цӀыху ябгэхэми яхуэжумартщи.
Лукас 6:35ရွာေဖြေလ့လာလိုက္ပါ။
4
Лукас 6:36
Фи Адэ лъапӀэм хуэдэу гущӀэгъулыуэ фыщыт.
Лукас 6:36ရွာေဖြေလ့လာလိုက္ပါ။
5
Лукас 6:37
– Хьэкум зыми тевмыщӀыхьи, фэри къыфтращӀыхьынукъым. Зыри фымыгъэкъуанши, Тхьэм фэри фигъэкъуэншэнукъым. КъывэкъуэншэкӀхэм яхуэвгъэгъуи, Тхьэм фэри къыфхуигъэгъунущ.
Лукас 6:37ရွာေဖြေလ့လာလိုက္ပါ။
6
Лукас 6:27-28
– Ауэ Сэ къызэдаӀуэхэм нывжызоӀэ: Фи бийхэр фӀыуэ флъагъу, фыкъэзылъагъу мыхъухэм фӀы яхуэфщӀэ. Къывэбгхэм Тхьэм и нэфӀ къащыхуэну фахуелъэӀу, фи жагъуэ къэзыщӀхэми Тхьэр фӀыкӀэ къахуэупсэну фахуелъэӀу.
Лукас 6:27-28ရွာေဖြေလ့လာလိုက္ပါ။
7
Лукас 6:31
ЦӀыхухэм зыхуевгъэщӀэну фызыхуейр фэри яхуэфщӀэ.
Лукас 6:31ရွာေဖြေလ့လာလိုက္ပါ။
8
Лукас 6:29-30
Уи напэм къеуэм адрей напэ лъэныкъуэр хуэгъазэ. Уи щыгъын щӀыӀутелъыр птезыхым упэрымыуэу уи джанэри егъащтэ. КъолъэӀу дэтхэнэми къыщӀолъэӀур ет! Уи хьэпшып птезыхым къытепхыжыну и ужь уимыхьэ.
Лукас 6:29-30ရွာေဖြေလ့လာလိုက္ပါ။
9
Лукас 6:43
– ЖыгыфӀым пхъэщхьэмыщхьэ Ӏей къыпыкӀэркъым, жыг Ӏейми пхъэщхьэмыщхьэфӀ къыпыкӀэркъым.
Лукас 6:43ရွာေဖြေလ့လာလိုက္ပါ။
10
Лукас 6:44
Дэтхэнэ жыгри зыхуэдэр къыпыкӀэмкӀэщ къызэращӀэр. Пыжьейм жызум къыпачыркъым, кхъуэбанэми хъурмэ къыпачыркъым.
Лукас 6:44ရွာေဖြေလ့လာလိုက္ပါ။
ပင္မစာမ်က္ႏွာ
သမၼာက်မ္းစာ
အစီအစဥ္မ်ား
ဗီဒီယိုမ်ား