1
ДжакӀуэ 3:1
ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ
АдгФЛ
Сыт ищӀысри щиуха дыдэм къэхъунущ, сыт хуэдэ Ӏуэхуми мы уафэм и щӀагъым езым и пӀалъэ щиӀэжщ
ႏွိုင္းယွဥ္
ДжакӀуэ 3:1ရွာေဖြေလ့လာလိုက္ပါ။
2
ДжакӀуэ 3:2-3
укъыщыхъунуми ущылӀэжынуми пӀалъэ яӀэщ, хадэ щӀэнми къыхэхыжынми пӀалъэ яӀэщ, укӀынми узым еӀэзэнми пӀалъэ яӀэщ, зэхэкъутэнми ухуэнми пӀалъэ яӀэщ
ДжакӀуэ 3:2-3ရွာေဖြေလ့လာလိုက္ပါ။
3
ДжакӀуэ 3:4-5
гъынми дыхьэшхынми пӀалъэ яӀэщ, щыгъуэнми къэфэнми пӀалъэ яӀэщ, мывэр зэбгрыдзынми къэщыпыжынми пӀалъэ яӀэщ, ӀэплӀэ ешэкӀынми ӀэплӀэм зыщыдзеинми пӀалъэ яӀэщ
ДжакӀуэ 3:4-5ရွာေဖြေလ့လာလိုက္ပါ။
4
ДжакӀуэ 3:7-8
зэфӀэтхъынми зэгуэдэжынми пӀалъэ яӀэщ, щымынми псэлъэнми пӀалъэ яӀэщ, фӀылъагъуныгъэми лъагъумыхъуныгъэми пӀалъэ яӀэщ, зауэми мамырыгъэми пӀалъэ яӀэщ.
ДжакӀуэ 3:7-8ရွာေဖြေလ့လာလိုက္ပါ။
5
ДжакӀуэ 3:6
къэлъыхъуэнми гъэкӀуэдынми пӀалъэ яӀэщ, хъумэнми идзыжынми пӀалъэ яӀэщ
ДжакӀуэ 3:6ရွာေဖြေလ့လာလိုက္ပါ။
6
ДжакӀуэ 3:14
Адрейуэ Тхьэм и зы ӀэщӀагъи игъащӀэкӀэ зэрымыкӀуэдынур къызгурыӀуащ: мыбы хэплъхьэни хэпхыни зыри щыӀэкъым. Тхьэм а псор щӀищӀэр цӀыху цӀыкӀур къыфӀэлӀыкӀын щхьэкӀэщ.
ДжакӀуэ 3:14ရွာေဖြေလ့လာလိုက္ပါ။
7
ДжакӀуэ 3:17
Сегупсысащ абы щыгъуэм: «Сыт хуэдэ Ӏуэхуми, сыт хуэдэ хъугъэ-щӀагъэми пӀалъэ яӀэщи, захуащӀэмрэ бзаджащӀэмрэ яхуэфащэр гува-щӀэхами Тхьэм ялъигъэсынущ».
ДжакӀуэ 3:17ရွာေဖြေလ့လာလိုက္ပါ။
ပင္မစာမ်က္ႏွာ
သမၼာက်မ္းစာ
အစီအစဥ္မ်ား
ဗီဒီယိုမ်ား