Апостол. 16:25-26
Апостол. 16:25-26 KBDNTGP2017
Паулрэ Силэрэ Тхьэм елъэӀуурэ, тхьэщӀыхь уэрэдхэр жаӀэу щӀадзащ жэщ ныкъуэм. Лъэхъуэщым щӀэс адрей цӀыхухэри къедаӀуэрт. ЩӀыр напӀэзыпӀэм ин дыдэу хъейри, лъэхъуэщым и лъабжьэр къызэщӀэзджызджащ. А сыхьэт дыдэм лъэхъуэщым и бжэ псори къызэӀукӀащ, лъэхъуэщым щӀэс псоми я гъущӀ Ӏэхъулъэхъухэри къызэрылъэлъащ.

