1
Маттэ 26:41
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
KbdNTGP2017
– Фымыжейуэ фысакъ, гуэныхь щӀэным фыдимыхьэхын щхьэкӀэ Тхьэм фелъэӀу. Гур мэхъуапсэ, ауэ пкъым хузэфӀэкӀыркъым.
താരതമ്യം
Маттэ 26:41 പര്യവേക്ഷണം ചെയ്യുക
2
Маттэ 26:38
Абыхэм яжриӀащ: – СылӀэн хуэдэ, хуабжьу согузавэ. Фымыжейуэ, фысакъыу мыбы си гъусэу фыщыӀэ.
Маттэ 26:38 പര്യവേക്ഷണം ചെയ്യുക
3
Маттэ 26:39
Хьисэ тӀэкӀу ӀукӀуэтщ, щӀым бгъэгукӀэ зытридзэри, Тхьэм елъэӀуу жиӀащ: – Си Адэ, хъуну щытмэ, мы гугъуехьым и фалъэр сӀых. АтӀэми сэ сызэрыхуейр мыхъуу, уэ узэрыхуейр ирехъу.
Маттэ 26:39 പര്യവേക്ഷണം ചെയ്യുക
4
Маттэ 26:28
Мы санэр – Тхьэм езымрэ и цӀыхухэмрэ яку дилъхьа зэгурыӀуэныгъэр зыгъэщыпкъэ си лъыращ. ЦӀыху куэдым фӀы къахудэкӀуэурэ, сэ къысщӀэкӀыну лъыращ, я гуэныхьхэр къахуэгъун щхьэкӀэ.
Маттэ 26:28 പര്യവേക്ഷണം ചെയ്യുക
5
Маттэ 26:26
Ахэр здэшхэм, Хьисэ щӀакхъуэр къищтэщ, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀащ, зэгуищӀыкӀщ, и гъуэгу ирикӀуэхэм яритри жиӀащ: – Къафщти, фшхы. Мы щӀакхъуэр сэ си пкъыращ.
Маттэ 26:26 പര്യവേക്ഷണം ചെയ്യുക
6
Маттэ 26:27
Зы фалъэ къищтэщ, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀри, щаритым, яжриӀащ итӀанэ: – Фэ псори мыбы итым щыщ фефэ.
Маттэ 26:27 പര്യവേക്ഷണം ചെയ്യുക
7
Маттэ 26:40
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыхуищым я деж къыщигъэзэжым, ахэр Ӏурихауэ ярихьэлӀэжащ. – Зы сыхьэт закъуэкӀэ фызигъусэу, фымыжейуэ, фысакъын фхузэфӀэкӀакъым, аракъэ? – жриӀащ Хьисэ Петр.
Маттэ 26:40 പര്യവേക്ഷണം ചെയ്യുക
8
Маттэ 26:29
Сэ нывжызоӀэ фэ, иджы къыщыщӀэдзауэ си Адэм и Тепщэныгъэшхуэр къыщыкӀуэнум нэсыху, санэ сефэжынукъым. А махуэм абы аргуэру сывдефэнущ.
Маттэ 26:29 പര്യവേക്ഷണം ചെയ്യുക
9
Маттэ 26:75
Хьисэ къыжриӀэгъауэ щыта псалъэхэр Петр игу къэкӀыжащ абдежым: «Адакъэ мыӀуэ щӀыкӀэ, сыкъыумыцӀыхуу щэнейрэ жыпӀэнущ». Ар игу къыщыкӀыжым, пщӀантӀэм дэкӀри, игу хэщӀу гъащ Петр.
Маттэ 26:75 പര്യവേക്ഷണം ചെയ്യുക
10
Маттэ 26:46
Фытэдж! ФынакӀуэ, абыхэм сезыгъэубыдынур къэблэгъащ.
Маттэ 26:46 പര്യവേക്ഷണം ചെയ്യുക
11
Маттэ 26:52
Хьисэ абы жриӀащ: – Уэ уи джатэр дохъутэм илъхьэж, джатэ къэзыщтэ псори джатэм ихьыжынущ.
Маттэ 26:52 പര്യവേക്ഷണം ചെയ്യുക
ആദ്യത്തെ സ്ക്രീൻ
വേദപുസ്തകം
പദ്ധതികൾ
വീഡിയോകൾ