1
Апостол. 14:15
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
KbdNTGP2017
– Фэ лӀы гупым сыт фщӀэр? Фэ фхуэдэу дэри дыцӀыхущ. Мы тхьэ нэпцӀ сэбэпыншэхэм фи щӀыбыр яхуэвгъазэу, Тхьэ пэжу псэум фи гупэ хуэвгъэзэн щхьэкӀэ, хъыбарыфӀыр фхудоӀуатэ. Тхьэращ уафэри, щӀыри, хыри, абыхэм щыпсэу псори къэзыгъэщӀар.
താരതമ്യം
Апостол. 14:15 പര്യവേക്ഷണം ചെയ്യുക
2
Апостол. 14:9-10
Паул щыпсалъэм, а лӀыр едаӀуэрт. И нэхэр лӀым триубыдэри, хъужыну абы фӀэщхъуныгъэ иӀэу щилъагъум, Паул макъышхуэкӀэ жиӀащ: – Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ ныбжызоӀэ: къызэфӀэувэ. ЛӀым, къыщылъэтри, къикӀухьу щӀидзащ.
Апостол. 14:9-10 പര്യവേക്ഷണം ചെയ്യുക
3
Апостол. 14:23
Паулрэ Варнаварэ дэтхэнэ члисэ зэхуэсыми нэхъыжьхэр хухахри, Тхьэм елъэӀуурэ, жэщи махуи нэщӀурэ, Зиусхьэну фӀэщхъуныгъэ зыхуаӀэ хъуам и нэӀэр къатригъэтыным хуаунэтӀащ.
Апостол. 14:23 പര്യവേക്ഷണം ചെയ്യുക