Данил 8

8
ТӀымрэ ажэмрэ теухуауэ Данил къыхуэлъэгъуар
1Бэлъщэцар пащтыхьыр тахътэм зэрыдэкӀуейрэ илъэс ещанэр екӀуэкӀыу, сэ иджыри хьэлэмэт гуэр къысхуэлъэгъуащ, япэрейм нэмыщӀ. 2Елам щӀыналъэм ит Шушан#8:2 Шушан – Иджырей Иран хэгъэгум ехьэлӀауэ къухьэпӀэмкӀэ щыӀэ къалэщ. быдапӀэм сыщыӀэ хуэдэт. Улай кӀэнауэм сыбгъэдэту зыслъагъужащ. 3Зыкъэсплъыхьри, сэ гу лъыстащ кӀэнауэ Ӏуфэм деж тӀы щыту. Абы и бжьакъуитӀыр инт, ауэ зыр адрейм нэхърэ нэхъ лъагэт, иужькӀэ къызэрыкӀам емылъытауэ. 4КъухьэпӀэмкӀи, ищхъэрэкӀи, ипщэкӀи зигъазэурэ а тӀыр зэрыпыджэр сэ слъэгъуащ. Зы псэущхьи абы къыпэувыфыртэкъым, абы укъезыгъэлыни щыӀэтэкъым. ТӀым зыхуейр ищӀэрт, кӀуэ пэтми нэхъ лъэщ хъурт.
5Абы сеплъу сыздэщытым, асыхьэтым къухьэпӀэмкӀэ ажэ къыщыхутащ, и лъакъуэхэр щӀым лъэмыӀэс жыхуаӀэу, ущу щӀылъэ псом кърикӀуэу. А псэущхьэм и натӀэгум нэм къыщӀэуэу бжьакъуэшхуэ тетт. 6БжьакъуитӀ тету, кӀэнауэ Ӏуфэм Ӏуту слъэгъуа тӀым зыхуиунэтӀауэ, узижэгъуэну хъыжьэу хуэжэрт ар. 7Сэ слъэгъуащ а ажэр нэхъ ябгэж хъууэрэ тӀым гъунэгъу зэрыхуэхъуар, абы еуэу и бжьакъуитӀыр зэрытриудар. ТӀыр абы къыпэлъэщакъым; ажэм ар щӀым тридзэри зэхипӀытӀэжащ, ар къезыгъэлын зыри щыӀакъым. 8Ажэр хуабжьу пагэ хъуащ, арщхьэкӀэ лъэщ дыдэ хъуащ иджы щыжыпӀэм и бжьакъуэшхуэр къутэри, абы и пӀэм бжьакъуэшхуиплӀ къытекӀащ, дунейм и лъэныкъуиплӀым зырызыххэу хуэгъэзауэ.
9А бжьакъуэхэм языхэзым нэгъуэщӀ бжьакъуэ къыхэкӀащ. ЯпэщӀыкӀэ ар цӀыкӀуу щытащ, ауэ иужькӀэ ипщэкӀи, къуэкӀыпӀэмкӀи, къэрал гъуэзэджэ жыхуаӀэмкӀи#8:9 къэрал гъуэзэджэ жыхуаӀэмкӀи – Зи гугъу ищӀыр ИсрэӀилырщ. хуабжьу зэкӀэщӀэкӀащ. 10Ар лъэщ хъури, уафэм и дзэм зрипщытри, абы щыщ Ӏыхьи вагъуэхэм щыщ Ӏыхьи щӀылъэм къридзыхри зэхиутэжащ. 11Абдежми къыщымыувыӀэу, зыкъыфӀэщӀыжауэ зиӀэтурэ Уафэ Дзэпщым зыхуигъадэри, Абы махуэ къэс хуащӀ къурмэныр щригъэгъэтащ, Абы и псэупӀэ лъапӀэр здэщыт щӀыпӀэри игъэпудащ. 12Къурмэным и гъусэу, Тхьэм и дзэри а бжьакъуэм и ӀэмыщӀэм иралъхьащ, и щӀэпхъаджагъэхэр илэжьыху. Дин пэжыр абы щӀым хиутэрт; и Ӏуэхухэр хуабжьу къехъулӀэрт#8:12 Къурмэным... къехъулӀэрт. – Журтыбзэ текстым къикӀыр нахуэкъым. .
13Абы и ужькӀэ мелыӀычитӀым я псалъэмакъ сэ зэхэсхащ. А тӀум языр щӀэупщӀат: «Дапхуэдиз зэманкӀэ зэрекӀуэкӀынур махуэ къэс ящӀ къурмэным ехьэлӀауэ къэлъэгъуар, псэупӀэ лъапӀэмрэ Тхьэм и дзэмрэ зыгъэпуду, лъапсэрыхыр абыхэм къахуэзыгъэкӀуэну щӀэпхъаджагъэм теухуар?» – жиӀэри.
14«Пщыхьэщхьэрэ пщэдджыжьу минитӀрэ щищрэ дэкӀмэ, итӀанэ псэупӀэ лъапӀэр къэщӀэрэщӀэжынущ», – жиӀэри, адрейм жэуап къитыжащ.
Данил къыхуэлъэгъуам къикӀыр
15А къысхуэлъэгъуар дауэ къызгурыӀуа хъунуми сегупсысу, моуэ лӀы теплъэ иӀэу зыгуэр си пащхьэ къихутащ. 16«ДжэбрэӀил, абы къыхуэлъэгъуар гурыӀуэгъуэ хуэщӀ» жиӀэу Улай кӀэнауэм и щхьэкӀэ къиӀукӀа макъыр сэ зэхэсхащ.
17Ар къакӀуэу къыщызбгъэдыхьэм, сэ сышынэри нэкӀукӀэ щӀым зыхэздзащ. «ЗэгъащӀэ, цӀыху, а къыпхуэлъэгъуар иужь зэманхэм зэрехьэлӀар», – къызжиӀащ абы.
18Апхуэдэу зыкъыщысхуигъазэм, сэ лӀам хуэдэу нэкӀукӀэ сыхэӀубауэ сыщылът, ауэ ар къызэӀусэри сызэрыщытам хуэдэу сыкъызэфӀигъэувэжащ.
19«Мыдэ къэдаӀуэ, – къэпсэлъащ ар, – сэ бжесӀэнущ губжь зэманым и кӀэухым къэхъунур, къыпхуэлъэгъуар зэхьэлӀар кӀэух лъэхъэнэрщ. 20Уэ плъэгъуа бжьакъуитӀ зытет тӀыр мыдхэмрэ къэжэрхэмрэ я пащтыхьхэрщ. 21Ажэр – Алыдж пащтыхьыгъуэрщ, абы и натӀэгум тета бжьакъуэшхуэр алыджхэм япэу яӀэну пащтыхьырщ. 22Япэ бжьакъуэр къута нэужь абы и пӀэм къыхэкӀыкӀа бжьакъуиплӀыр – ар а лъэпкъым къыхэкӀыну пащтыхьыгъуиплӀырщ, ауэ япэрейм хуэдэу ахэр лъэщынукъым.
23А пащтыхьыгъуэхэм я кӀэух махуэхэм, хабзэншагъэм и пщалъэр гъэнщӀа хъуа нэужь, гущӀэгъуншэ Ӏейрэ бзаджейуэ пащтыхь къэунэхунущ. 24Ар хуабжьу лъэрызехьэ хъунущ, ауэ езым и къарукӀэкъым. Зэи ямылъэгъуа мыгъуагъэ куэд абы илэжьынущ, сыт ищӀэми къехъулӀэнущ. Лъэщхэри Тхьэр зыгъэпэж лъэпкъри абы игъэкӀуэдыну пылъынущ. 25Хьэгъэщагъэ хуекӀуэурэ, абы и мурад бзаджэхэр зригъэхъулӀэнущ, хуабжьуи зыкъыфӀэщӀыжынущ. Игъэбэлэрыгъыурэ, абы куэд игъэунэхъунущ, тепщэхэм я Тепщэжми пэщӀэувэнущ. ИкӀэмикӀэжым ар хагъэщӀэнущ, ауэ цӀыху къарукӀэкъым.
26Пщыхьэщхьэрэ пщэдджыжьу минитӀрэ щищым теухуауэ къыпхузэӀуахар пэжщ, ауэ ар ущэхуауэ хъумэ, къэхъун ипэ зэманышхуэ дэкӀын хуейщи».
27Сэ сызэхэукӀауэ махуэ зыбжанэкӀэ сысымаджэу сыхэлъащ. ИужькӀэ сытэджри пащтыхьым и Ӏуэхухэм сыпэрыхьэжащ. Къысхуэлъэгъуам хуабжьу сыкъигъэуӀэбжьат икӀи ар къызгурыӀуэртэкъым.

ទើបបានជ្រើសរើសហើយ៖

Данил 8: АдгФЛ

គំនូស​ចំណាំ

ចែក​រំលែក

ចម្លង

None

ចង់ឱ្យគំនូសពណ៌ដែលបានរក្សាទុករបស់អ្នក មាននៅលើគ្រប់ឧបករណ៍ទាំងអស់មែនទេ? ចុះឈ្មោះប្រើ ឬចុះឈ្មោះចូល