ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 16

16
16-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
ФӀэхъус
1Ди шыпхъуу Фэбэ зи цӀэу, Кенхрей къалэм#16:1 Кенхрей къалэр – Коринф къалэм епхауэ къухь тедзапӀэ иӀэу, хы Ӏуфэм Ӏутащ. и члисэ зэхуэсым дэӀэпыкъуэгъу хуэхъум, фи пащхьэм сыщыщытхъуну сыхуейщ. 2Зиусхьэныр абы и псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм зэрырагъэблэгъэн хуейм хуэдэу евгъэблагъи, зыхуэныкъуэмкӀэ дэӀэпыкъуэгъу фыхуэхъу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыху куэдым, сэри сахэту, дэӀэпыкъуэгъу къытхуэхъуащ ар.
3Прискиллэрэ Акилэрэ, Хьисэ Мэссихь си гъусэу хуэлажьэхэм, фӀэхъус схуефхыж. 4Абыхэм си псэр мыкӀуэду кърагъэлын щхьэкӀэ, езыхэм я псэхэм щысхьыжакъым. Абыхэм фӀыщӀэ яхуэзыщӀыр си закъуэкъым, хамэ лъэпкъхэм я члисэ зэхуэс псоми фӀыщӀэ щыхуащӀ. Я унэм щызэӀущӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм фӀэхъус схуефхыж. 5ФӀыуэ слъагъу Епенет фӀэхъус схуефхыж. Ахаие хэкум МэссихькӀэ псом япэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуар аращ.
6Мэриему куэд тхуэзылэжьам фӀэхъус схуефхыж. 7Си унэкъуэщу Андроникрэ Юнийрэ, лъэхъуэщым къыздыщӀэсу щытахэм, фӀэхъус схуефхыж. Ахэр апостол#16:7 апостолхэр – Еплъ 1:1. Е цӀыху пщыкӀутӀу Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэну къыхихахэр, е члисэ зэхуэсхэм ягъэува, нэгъуэщӀ унафэщӀ къуэшу, хъыбарыфӀыр цӀыхухэм хуаӀуэтэну къагъэкӀуахэращ. цӀэрыӀуэхэм ящыщщ. Си япэ абыхэм МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ. 8Мэссихь зи псэм щыщу, фӀыуэ слъагъу Амплий фӀэхъус схуефхыж. 9Ди гъусэу Мэссихь хуэлэжьа Урбанрэ фӀыуэ слъагъу Стахийрэ фӀэхъус схуефхыж. 10Мэссихь зи псэм щыщу, зи щыпкъагъэр Тхьэм игъэунэхуа Апеллэс фӀэхъус схуефхыж. Аристобул и унагъуэм исхэм фӀэхъус схуефхыж. 11Си унэкъуэщ Иродион фӀэхъус схуефхыж. Зиусхьэныр зи псэм щыщу, Наркисс и унагъуэм исхэм фӀэхъус схуефхыж. 12Зиусхьэным фӀыуэ хуэлажьэ цӀыхубзу Трифенэрэ Трифосэрэ фӀэхъус схуефхыж. Зиусхьэным фӀыуэ хуэлэжьа, фӀыуэ тлъагъу цӀыхубзу Персидэ фӀэхъус схуефхыж. 13Зиусхьэным къыхиха Руфэрэ абы и анэу си анэм хуэдэу хъуамрэ фӀэхъус схуефхыж. 14Асинкрит, Флегон, Ерм, Патров, Ермий, сыми абыхэм я гъусэу адрей къуэшхэми фӀэхъус схуефхыж. 15Филолог, цӀыхубзу Юлие, Нирей, абы и шыпхъу Олимпан сыми, абыхэм я гъусэу Тхьэм и цӀыху лъапӀэ псоми фӀэхъус схуефхыж. 16ГукъабзагъэкӀэ ӀэплӀэ зэфшэкӀыурэ, фӀэхъус зэфххэ. Мэссихь и члисэ зэхуэс псоми фӀэхъус къывахыж.
Иужьрей фӀэхъус псалъэхэр
17Си къуэшхэ, ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ Ӏуэхухэм къыпэувурэ, фызэгурызымыгъаӀуэу, адрей цӀыхухэр гъуэгу захуэм тезыгъэкӀхэм защыфхъумэну сыныволъэӀу. Абыхэм пэӀэщӀэ зыфщӀ. 18Апхуэдэ цӀыхухэр зыхуэлажьэр ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихькъым, зыхуэлажьэр я ныбэхэр аращ. ГъафӀэбзэрэ псалъэ дыгъэлкӀэ цӀыху къызэрыгуэкӀхэр дахьэх. 19ХъыбарыфӀым фызэредаӀуэм и гугъу цӀыху псоми зэхахащ. Сэ сыфщогуфӀыкӀ, ауэ фӀыр зыхуэдэр зэхэфщӀыкӀынуи, бзаджагъэ лъэпкъ фи щхьэм къимыхьэнуи сыхуейщ. 20Гузэгъэгъуэ къыдэзыт Тхьэм куэд дэмыкӀыу шейтӀаныр фи лъэгум щӀывигъэпытӀыхьынущ. Ди Зиусхьэну Хьисэ и нэфӀыр къыфщрехуэ. Ӏэмин.
21Си лэжьэгъу Тимофей, си унэкъуэщу Луций, Иасон, Сосипатер сымэ фӀэхъус къывахыж. 22Тертийуэ Паул мы тхылъыр зригъэтхыр сэращ. Зиусхьэныр си псэм щыщу фӀэхъус фызох. 23Гайуэ, сэ, Паул, си бысымми, члисэ зэхуэсым зэкӀэ ди бысымми фӀэхъус къывехыж. Къалэм и ахъшэр зи ӀэмыщӀэ илъ Ерастрэ ди къуэш Квартрэ фӀэхъус къывахыж. 24Ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь и нэфӀыр фэ псоми къыфщрехуэ. Ӏэмин.

គំនូស​ចំណាំ

ចែក​រំលែក

ចម្លង

None

ចង់ឱ្យគំនូសពណ៌ដែលបានរក្សាទុករបស់អ្នក មាននៅលើគ្រប់ឧបករណ៍ទាំងអស់មែនទេ? ចុះឈ្មោះប្រើ ឬចុះឈ្មោះចូល

វីដេអូសម្រាប់ ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 16