«Мы лъэпкъым деж кӀуэи,
мыпхуэдэу яжеӀэ:
Фэ зэхэфх зэпыту фыщытынущ,
ауэ къывгурыӀуэнукъым;
фэ флъагъу зэпыту фыщытынущ,
ауэ гу лъыфтэнукъым.
Сыту жыпӀэмэ мы цӀыху лъэпкъыр
гулъытэншэ хъуащ.
Я тхьэкӀумэхэмкӀи ерагъыу зэхах къудейщ,
я нэхэри яуфӀыцӀащ.
Апхуэдэу щымытатэмэ,
я нэхэмкӀэ ялъагъунт,
я тхьэкӀумэхэмкӀи зэхахынт,
ягухэмкӀи зыхащӀыкӀынт,
си деж къагъэзэжынти,
сэ ахэр згъэхъужынт итӀанэ».*