YouVersion Logo
Search Icon

Уэрэд 44

44
44-нэ Уэрэд
Пащтыхьым и нысашэ уэрэд
1УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. «Шуманым» уэрэдым и макъамэр щӀэлъу жаӀэ. Корах и къуэхэм я уэрэд. Лъагъуныгъэ уэрэд
2Си гущӀэм къыщызэпощэ псалъэ дахэхэр;
сэ жызоӀэ: Пащтыхьым папщӀэщ си уэрэдыр;
си бзэгур – тхакӀуэ Ӏэзэм и къабзийщ.
3ЦӀыхум и къуэхэм уэ уранэхъ дахэщ;
уи жьэм фӀыгъуэр къыжьэдокӀ;
абы папщӀэ Тхьэм и нэфӀ къыпщыхуащ
игъащӀэкӀэ.
4Уи джатэр зыгуэпхэ, лӀы бланэ,
уи дахагъэрэ уи щӀыхьрэ уаӀэту.
5ТекӀуэныгъэр къыдэх, гужэрым итӀысхьи,
щыпкъагъэм, захуагъэм папщӀэ;
Уи Ӏэ ижьым и Ӏуэху гъэщӀэгъуэн дыдэхэр
уэ уигъэлъагъунщ.
6Жаныбзэщ уэ уи шабзэшэхэр;
Пащтыхьым и бийхэм ягу ирахащ абыхэм,
щехуэхынщ цӀыху лъэпкъхэр уи пащхьэ.
7Тетыгъуэу Тхьэм къыуитар#44:7 тетыгъуэу Тхьэм къуитар – «уи тетыгъуэ Уэ, Тхьэ» е «Тхьэм дежь къикӀ тетыгъуэр». мыкӀуэдыжынщ.
Уи тетыгъуэм и дамыгъэ къащӀэр –
щыпкъагъэм и къащӀэ захуэщ.
8Щыпкъагъэр фӀыуэ уолъагъу,
бзаджагъэр уи жагъуэщ уэ;
абы папщӀэ Тхьэуэ уи Тхьэм
гуфӀэгъуэр уигъэгъуэтащ, уи гъусэхэм ебэкӀыу.
9Уи щыгъыну хъуам –
смирнэ, алое, касие дагъэм
я мэ ӀэфӀ къапех.
Пыл къупщхьэкӀэ ягъэдэха унэ дэгъуэхэм
шыкӀэ пшынэм ущагъэгуфӀэ.
10Уэ къыпхуэлэжьэну зыхуэбгъэфэща
бзылъхугъэхэм
пащтыхьхэм япхъухэр яхэтщ.
Я нэхъ дыщэ къабзэр зи фащэу,
щхьэгъусэ пхуэхъуну пщащэр
уи ижьырабгъу лъэныкъуэмкӀэ щытщ.
11ДаӀуэ, пщащэ, плъэ, уи тхьэкӀумэ теубыди,
зыщыгъэгъупщэ уи лъэпкъи уи адэ и уни.
12Уи дахагъэм къыхуеинущ пащтыхьыр;
сыту жыпӀэмэ Ар уи Зиусхьэнщ,
аращи, Абы щхьэщэ уэ хуэщӀ.
13Тирэ къалэм и цӀыхухэр#44:13 Тирэ къалэм и цӀыхухэр – евреибзэкӀэ «Тирэ пхъум»., тыгъэхэр яӀыгъыу,
лъэпкъым щыщу я нэхъ бей дыдэхэри,
уигу ягъэзэгъэн папщӀэ, уэ къолъэӀунущ.
14Щхьэгъусэ хуэхъуну пщащэр
сэрейм щӀохьэ,
абы и щыгъыныр дыщэ ӀуданэкӀэ дащ,
15фащэ зэщӀэпщӀыпщӀэр щыгъыу
пащтыхьым хуашэ
абы и ужь итхэу пщащэхэр,
абы и пщащэ ныбджэгъухэр#44:15 пщащэ ныбджэгъухэр – евреибзэкӀэ «Уэ ныпхуащахэр». уэ къыпхуашэ.
16Къашэ нэжэгужэу, я гуфӀэгъуэшхуэу.
КъыщӀохьэ сэрейм.
17Уи адэжьхэм я пӀэкӀэ
уи къуэхэр къэхъунщ,
щӀыгум дэнэкӀи ахэр
уэ пщыуэ щыбгъэувынщ.
18ЩӀэблэ псоми уи цӀэр
ящымыгъупщэжыну сэ сщӀынщ;
абы папщӀэ цӀыху лъэпкъхэм игъащӀэкӀэ
уи цӀэм щӀыхь хуащӀынщ.

Currently Selected:

Уэрэд 44: KbdNTGP2017

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in