Уэрэд 43
43
43-нэ Уэрэд
ЦӀыху лъэпкъым и тхьэусыхэ
1УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Корах и къуэхэм я уэрэд
2Уэ Тхьэ, дэ зэхэтхащ ди тхьэкӀумэкӀэ,
ди адэхэм пасэ зэманым
Уэ бгъэхъахэр
къытхуаӀуэтэжащ дэ.
3Хамэ лъэпкъхэр ипхуащ уи ӀэкӀэ,
абыхэм я хэкум ди адэжьхэр
ибгъэтӀысхьащ;
хамэ лъэпкъхэр бгъэунэхъуащ,
ауэ ди адэжьхэр бгъэунащ.
4Сыту жыпӀэмэ абыхэм я джатэкӀэкъым
щӀыгур зэраубыдар,
я гуащӀэркъым текӀуэныгъэр
къахуэзыхьар –
Уи Ӏэ ижьымкӀэщ, уи гуащӀэкӀэщ,
уи нэгу и нэхугъэкӀэщ;
сыту жыпӀэмэ Уэ абыхэм нэфӀкӀэ уеплъащ.
5Уэращ си пащтыхьыр, си Тхьэр!#43:5 си Тхьэр – евреибзэкӀэ «Тхьэ, Уэ си пащтыхь!»
Израил лъэпкъым текӀуэныгъэр къихьыну
унафэ щӀы.
6Узигъусэмэ, ди бийхэм вым хуэдэу
дэ дебжьэкъуэуэнщ;
Къытпэувхэр лъакъуэкӀэ хэдгуэнщ дэ –
Уи цӀэм и хьэтыркӀэ.
7Сыту жыпӀэмэ сызыщыгугъыр си шабзэркъым,
сыкъезыгъэлыр си джатэркъым.
8Уэ ди бийхэм даӀэщӀэпхыжащ,
дыкъэзылъэгъу мыхъухэр бгъэулъиящ.
9Тхьэм щӀыхь хуэтщӀащ сыт щыгъуи,
Уи цӀэм щӀыхь хуэтщӀынщ игъащӀэкӀэ.
10Ауэ иджыкӀэ Уигу дихуащ дэ,
емыкӀу къэдбгъэхьащ,
ди дзэми уаныдежьэркъым,
11бийм дребгъэхужьащ Уэ,
ди жагъуэгъухэм дэ дахъунщӀащ.
12Мэл хуэдэ дыфӀебгъэбзащ,
хамэ лъэпкъхэм икъухьауэ дахуэбгуэшащ.
13Уи цӀыху лъэпкъыр пщащ и мыуасэкӀэ,
и пщӀэкӀи бгъэпудащ.
14ИкӀагъэ къыдапэсыну
дызыдэпсэу хамэхэм дептащ,
дызыхэсхэр къытщыдыхьэшхыу,
дызэрамыпэсын пщӀащ.
15Хамэ лъэпкъхэр къытщӀэнакӀэу,
хамэ лъэпкъхэм я щхьэ тхуагъэсысыжу
Уэ пщӀащ.
16Махуэ псом сызыщоукӀытэж,
си напэр укӀытэм ес,
17мыхъун къызжезыӀэу
сызыубым я макъ зэхэсхмэ,
си бийрэ къызэгуэуэнумрэ сыщыӀуплъэкӀэ.
18Дэ утщымыгъупщагъэми,
Уи зэгурыӀуэныгъэ дымыкъутами,
а псори къыдэуэлӀащ.
19Дэ дигу икӀуэтакъым,
Уи гъуэгум дыдэхакъым,
20итӀани хьэӀуцыдзхэм я щӀыгум
дибгуашэри,
хьэдэ джэбыныр къыттепхъуащ.
21Ди Тхьэм и цӀэр тщыгъупщэу,
хамэм и тхьэм делъэӀуну
ди Ӏэр хуэтшиятэмэ,
22Тхьэм ар ищӀэнтэкъэ?
Сыту жыпӀэмэ гум и щэхухэр ещӀэ Абы.
23Уэращ дызейр,
ди псэр хахыну шынагъуэм дыхэтщ
махуэ къэси,
фӀабзыну мэлым хуэдэущ дызэралъытэр.
24Дыкъэлъагъу, сыт узыхуэжейр, Зиусхьэн?
Къэуш, думыщӀ ӀэщӀыб игъащӀэкӀэ.
25Сыт щӀыщӀэбуфэр уи нэгу?
Къиным дызэрыхэтыр,
егъэзыгъэу дызэрыпсэур
сыт щхьэкӀэ зыщыбгъэгъупщэрэ?
26Ди Ӏур егъэзыхауэ дыщылъщ,
щӀыгум дытраӀулӀауэ.
27Зыкъэший, дэӀэпыкъуэгъу къытхуэхъу,
Уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыным и хьэтыркӀэ
Уэ дыхэшыж.
Currently Selected:
Уэрэд 43: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017