YouVersion Logo
Search Icon

Уэрэд 42

42
42-нэ Уэрэд
1Уэ, си Тхьэ, си Ӏуэху къызэхэху,
фӀэлӀыкӀ къыпхузимыӀэ цӀыху лъэпкъым
сыщыпхъумэурэ, сызэрыхейр ӀупщӀ щӀы.
Хьилагъэ зезыхьэ цӀыхухэм,
мызахуэхэм саӀэщӀэхыж.
2Сыту жыпӀэмэ щхьэегъэзыпӀэкӀэ
зызыхуэзгъазэ Тхьэр Уэращ.
Сыт щхьэкӀэ сыхыфӀэбдза?
Бийм сригъэзурэ,
сигъэнэщхъейуэ сыт щхьэкӀэ сыкъекӀуэкӀрэ?
3Уи нэхунэрэ щыпкъагъэу пхэлъымрэ
къыслъэгъэӀэс;
абыхэм срырешажьи,
срешэ уи Ӏуащхьэ лъапӀэмрэ
уи унэшхуэ узыщыпсэумрэ я деж.
4СекӀуэлӀэнщ Тхьэм и къурмэнщӀыпӀэм,
Тхьэуэ лъэщу сызыгъэгуфӀэм деж;
Уэ, си Тхьэ, уи щытхъур
шыкӀэ пшынэмкӀэ згъэӀунщ.
5Сыт узыгъэхыщӀэр, сигу,
сыт узыгъэгумэщӀыр?
Тхьэм щыгугъ, зышыӀэ;
сыту жыпӀэмэ сэ Абы щӀыхь хуэсщӀынщ иджыри –
си КъегъэлакӀуэу си Тхьэм.

Currently Selected:

Уэрэд 42: KbdNTGP2017

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in