YouVersion Logo
Search Icon

Уэрэд 41

41
41-нэ Уэрэд
Тхьэм ухуэзэшыныр
1УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Корэх и къуэхэм я уэрэд
2Бланэр псым зэрыхуэпабгъэм хуэдэу,
си псэр Уэ къыпхуэзэшащ, ди Тхьэ!
3Тхьэм, Тхьэ псэум хуэзэшащ си псэр:
СыкӀуэу, дапщэщ Тхьэм и нэгу сыщиплъэнур?
4«Уи Тхьэр дэнэ щыӀэ?» жаӀэу
щӀэмычэу къызэупщӀ щыхъукӀэ,
си нэпсыр жэщи махуи къыщӀож.
5Гукъеуэшхуэм сызэлъищтауэ,
а Ӏуэхухэр сигу къызогъэкӀыж,
сыту жыпӀэмэ цӀыху Ӏувым сащӀыгъуу,
махуэшхуэ зиӀэ цӀыхум
я гуфӀэгъуэрэ я щытхъу макъымрэ сыхэту
сэ сихьащ Тхьэм и унэшхуэм.
6Сыт узыгъэхыщӀэр, сигу,
сыт узыгъэгумэщӀыр?
Тхьэм щыгугъ, зышыӀэ,
сыту жыпӀэмэ сэ Абы щӀыхь хуэсщӀынщ иджыри, –
си КъегъэлакӀуэу си Тхьэм.
7Си псэр гукъыдэжыншэу мэхыщӀэ;
абы къыхэкӀкӀэ Иордан щӀыгум,
си хэку сыпэжыжьэу,
Хьэрмон, Мицар#41:7 Мицар – е Цоар. къущхьэхэм ситу,
сигу укъэкӀыжащ.
8Уи псы уэрхэм я макъкӀэ
Къуэ щӀэншэхэр зэподжэж;
Уи псы уэрхэри уи псы уалъэхэри
сэ сщхьэдэхакӀэщ.
9Зиусхьэным и лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр
махуэм къыслъоӀэс,
жэщым Абы уэрэд хужызоӀэ,
гъащӀэ къызэзыт Тхьэм
си тхьэлъэӀур изохьэлӀэ.
10ЖызоӀэ Тхьэм, сыкъэзыхъумэ абрэмывэм:
«Сыт щхьэкӀэ сыпщыгъупща?
Сэ бийм сригъэзурэ,
сигъэнэщхъейуэ сыт щхьэкӀэ сыкъекӀуэкӀрэ?»
11Си къупщхьэхэр зэхагъэщащэ хуэдэ,
мыхъунхэр къызжаӀэ си бийхэм,
зэпымыууэ сэ къызаӀуэкӀ:
«Дэнэ щыӀэ уи Тхьэр?»
12Сыт узыгъэхыщӀэр, сигу,
сыт узыгъэгумэщӀыр?
Тхьэм щыгугъ, зышыӀэ;
сыту жыпӀэмэ сэ Абы щытхъу хуэсщӀынщ ыджыри, –
си КъегъэлакӀуэу си Тхьэм.

Currently Selected:

Уэрэд 41: KbdNTGP2017

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in