2 Кор. 1
1
1-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
ФӀэхъус
1Сэ сы-Паулщ. Тхьэм фӀэигъуэти, Мэссихь Хьисэ и апостол#1:1 апостол – еплъ Рим 1:1. сыхъуащ. Ди къуэш Тимофей#1:1 Тимофей – еплъ 1 Кор. 4:17. си гъусэу фэ, Тхьэм и члисэ зэхуэсэу Коринф къалэм щыӀэм щыщхэмрэ Тхьэм и цӀыху лъапӀэу Ахаие хэку#1:1 Ахаие хэкур – еплъ 1 Кор. 16:15. псоми щыпсэухэмрэ, мы тхылъыр ныфхузотх.
2Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес.
Паул Тхьэм фӀыщӀэ зэрыхуищӀыр
3Тхьэуэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Адэ лъапӀэм щӀыхьышхуэр ейщ. ГущӀэгъуныгъэшхуэ зиӀэ Адэ лъапӀэу, гу зыгъэзагъэ псори къызыбгъэдэкӀ Тхьэр арщ. 4Сыт хуэдэ гузэвэгъуэ дыхэтми, абы дигу егъэзагъэ. Тхьэм ди гу зэрегъэзагъэм хуэдабзэу, сыт хуэдэ гузэвэгъуэм хэт цӀыхухэм ягу дгъэзэгъэн тлъэкӀынущ дэри. 5Мэссихь ишэча гугъуехьхэм ди Ӏыхьи куэду зэрыхэлъым хуэдэу, Мэссихь ди псэм щыщщи, Тхьэм дигу икъукӀэ егъэзагъэ. 6Дэ гузэвэгъуэ дыщӀыхэтыр Тхьэм фэ фигу игъэзэгъэн икӀи фымыкӀуэду фыкъригъэлын щхьэкӀэщ. Тхьэм дигу къыщӀигъэзагъэр дэ тшэч гугъуехьхэм хуэдэхэр теубыдагъэкӀэ фшэчын флъигъэкӀыурэ, фигу игъэзэгъэн щхьэкӀэщ. 7Куэду дыфщогугъ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ тшэч гугъуехьхэм фэ фи Ӏыхьи зэрыхэлъым хуэдэу, Тхьэм дигу зэригъэзагъэм хуэдэу, фэри фигу зэригъэзэгъэнур дощӀэри.
8Асие хэкум#1:8 Асие хэкур – еплъ 1 Кор. 16:19. дызыщыхэта гузэвэгъуэм и хъыбарыр фэдгъэщӀэн хуейуэ долъытэ. Псэууэ дыкъелыну дымыгугъэжу, тшэчыфынум и лейуэ гузэвэгъуэшхуэ дыдэм дыхэтащ. 9Пэжу, укӀкӀэ хьэкум дигукӀэ зытетщӀыхьыжат. Ар щӀэхъуар ди щхьэм дыщымыгугъыжу, лӀахэр къэзыгъэтэджыж Тхьэм дыщыгугъын щхьэкӀэщ. 10Гъунэгъу дыдэ къытхуэхъуа лӀэныгъэм дыкъыӀэщӀихыжащ абы икӀи дяпэкӀэ дыкъыӀэщӀихышыжынущ. Фэ Тхьэм фызэрелъэӀумкӀэ фыкъыддэӀэпыкъуурэ, Тхьэм аргуэруи лӀэныгъэм дыкъыӀэщӀихыжыну дыщогугъ. 11Апхуэдэу, цӀыху куэдыр Тхьэм тхуелъэӀунурэ, Тхьэм и нэфӀ къытщыхуэнущ, абы и нэфӀ къызэрытщыхуам щхьэкӀи цӀыху куэдым ди цӀэкӀэ Тхьэм фӀыщӀэ хуащӀынущ.
Паул и мурадыр щӀызэрихъуэкӀар
12Мыращ дызэрыпагэр: Хьилагъэ лъэпкъ ди гум имылъу, Тхьэм и гум ирихь мурад къабзагъэ диӀэу мы дунейм, псоми япэу фи деж, дызэрыщыпсэуамкӀэ ди гур щыхьэт мэхъу. Тхьэм и нэфӀ къызэрытщыхуам папщӀэ апхуэдэу дыпсэуащ, ахъумэ мы дунейм тет цӀыхухэм я акъылыфӀагъэу жыхуаӀэм и хьэтыркӀэкъым. 13-14Фызэджэфынум икӀи къывгурыӀуэфынум фӀэкӀа нэгъуэщӀ ныфхуэттхакъым. Нэгъэсауэ къывгурымыӀуари нэгъэсауэ къызэрывгурыӀуэным сыщогугъ. Ди Зиусхьэн Хьисэ къыщыкӀуэжыну махуэм дэ фэркӀэ дызэрыпэгэнум хуэдэу, фэри дэркӀэ фыпэгэнущ абы щыгъуэ.
15Абы сыщыгугъти, фи деж япэ сынэкӀуэну сыхуеящ, си фӀагъ тӀэунейкӀэ къывэкӀын щхьэкӀэ. 16Македоние хэкум#1:16 Македоние хэкур – еплъ 1 Кор. 16:5. сыщыкӀуэкӀэ, фи дежкӀэ сыкӀуэцӀрыкӀын си мурадащ; Македонием сыкъыщикӀыжкӀи, фи дежкӀэ сынакӀуэу, адэкӀэ Иудей хэкум сыкӀуэнымкӀэ дэӀэпыкъуэгъу фыкъысхуэхъуну сыхуейт. 17Апхуэдэ мурад сиӀэ щыхъум, си гурылъыр сымыщӀэжу сыщытауэ ара? Е мы дунейм и цӀыхухэм мурад зэращӀым хуэдэу, сэри сщӀырэ? Зэм «Аращ», зэм «Хьэуэ, аракъым», жысӀэу си хабзэ?
18Псалъэу нывжетӀар зэм арауэ, зэм армырауэ зэрыщымытыр Тхьэм и щыпкъагъэмкӀэ къыжызоӀэ. 19Силуани,#1:19 Силуан – Паул дэлажьэу, и гъусэхэм ящыщу щытт. Еплъ Апостол. 15:22–18:5. Тимофейи, сэри Тхьэм и Къуэу Хьисэ Мэссихьу зи хъыбар фи деж щытӀуэтар зэми арауэ, зэми армырауэ щыткъым, атӀэ Хьисэ Мэссихьыращ Тхьэм дыкъызэригъэгугъа Ӏуэхухэр къэзыгъэхъур икӀи пэжу къыщӀэзыгъэкӀыр. 20Тхьэм дыкъызэригъэгугъа Ӏуэху псоми «Аращ», икӀи «Ӏэмин»#1:20 Ӏэмин – еплъ 1 Кор. 14:16. яхуэхъуурэ, ахэр къэзыгъэхъур икӀи пэжу къыщӀэзыгъэкӀыр Мэссихьщ, дэ Тхьэм щӀыхьышхуэ хуэтщӀын щхьэкӀэ. 21Тхьэращ фэри дэри Мэссихь и гъуэгу быдэу дытезыгъэтри, ди Ӏуэхур тщӀэну дызыгъэувари.#1:21 ди Ӏуэхур тщӀэну дызыгъэувар – зэрытхам хуэдэу зэбдзэкӀмэ, мыпхуэдэу мэхъу: ди Ӏуэхур тщӀэну дагъэ къытщызыхуар. 22Езыр арщ и бынхэм дазэрыщыщыр дэзыгъащӀэ мыхъуру икӀи фӀыгъуэ къызэрыдитынум и сакъылэту#1:22 сакъылэт – еплъ 1 Кор. 15:20. и Псэ ЛъапӀэр ди гум къизылъхьар.
23Пэжыр жызмыӀэмэ, срекӀуэд. Сыфщысхьын щхьэкӀэщ Коринф къалэм иджыри къэс сыныщӀэмыкӀуар. АбыкӀэ щыхьэт къысхуэхъуну Тхьэм зыхузогъазэ. 24Фи фӀэщхъуныгъэм тепщэ дыхуэхъуну дыхуейкъым, ауэ фыдгъэгуфӀэну дывдолажьэ, фэ фӀэщхъуныгъэм и гъуэгу быдэу фытетщи.
Currently Selected:
2 Кор. 1: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017