YouVersion Logo
Search Icon

1 Кор. 5

5
5-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Зинэ зыщӀа цӀыхур Паул зэригъэкъуэншар
1Фэ фщыщ гуэр зинэ щӀэным зэрыхэтыр цӀыхухэм яӀуэтэж; и анэ нэпӀэсыр зезышэж фхэтщ. Апхуэдэ хабзэ хамэ лъэпкъхэми яхэлъкъым. 2Абы фытет пэтрэ, фэ зыкъыффӀощӀыж! ЗыкъыффӀэщӀыжын и пӀэкӀэ ар фи гу щӀыхьэу, апхуэдэ зылэжьа лӀыр зыхэфхун хуейт. 3Си щхьэрэ сипкъкӀэ фи деж сыщымыӀэми, сигурэ си псэкӀэ фи деж сыщыӀэщ сэ, фи дежи сызэрыщыӀэм хуэдэу, ар зыщӀар згъэкъуэншакӀэщ. 4Ди Зиусхьэну Хьисэ и цӀэкӀэ фызэӀущӀэу, сэри сигурэ си псэкӀэ фи деж сыщыӀэу щыхъукӀэ, ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь и лъэкӀыныгъэкӀэ 5а лӀыр шейтӀаным ефт, и пкъыр кӀуэдми, Зиусхьэныр дунейм къыщыкӀуэжыну махуэм абы и псэр мыкӀуэду къелын щхьэкӀэ.
6Фызэрызыщытхъужыр фӀыкъым. Пщагъэ тӀэкӀум тхьэвыр зэрыщыту зэригъэфӀэӀур фщӀэркъэ? 7Аращи, гуэныхьым и пщагъэжьыр#5:7 пщагъэжьыр – Паул пщагъэжьыр зыхуигъадэр зезыгъэубгъуу адрей цӀыхухэм узым хуэдэу зэӀэпах гуэныхьыращ. зыхэфх, тхьэвыщӀэ къабзэм хуэдэ фыхъун щхьэкӀэ – иджы тхьэв мытэджа къабзэу фызэрыщытым хуэдэу. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь къурмэныпхъэ къытхуэхъуащ. Ар ӀутӀыж махуэшхуэм#5:7 ӀутӀыж махуэшхуэр – еплъ Маттэ 26:2. Тхьэм къурмэныпхъэ хуащӀ щынэм хуэдэщ. 8Аращи, махуэшхуэр дывгъэгъэлъапӀэ, ауэ зэрыдгъэлъэпӀэнур бзаджагъэмрэ икӀагъэмрэ я пщагъэжьымкӀэкъым, атӀэ гукъабзагъэмрэ щыпкъагъэмрэ я щӀакхъуэ мыфӀэӀу къабзэмкӀэщ.
9Зинэ зыщӀэхэм гъусэ фахуэмыхъуну ныфхуэстхащ. 10Сэ зи гугъу сщӀыр мы дунейм и цӀыхухэм ящыщу зинэ зыщӀэхэр, нэпсейхэр, хъунщӀакӀуэхэр, тхьэ нэпцӀхэр зыгъэлъапӀэхэр аракъым. Апхуэдэу щытамэ, дунейм фытекӀыжын хуейт. 11Ныфхуэстхар мыращ: Фи къуэшу зыгуэрым зилъытэжми, абы зинэ ищӀэмэ, е нэпсеймэ, е тхьэ нэпцӀхэр игъэлъапӀэмэ, е нэгъуэщӀ цӀыхухэм ӀейкӀэ тепсэлъыхьмэ, е ефакӀуэу щытмэ, е хъунщӀакӀуэу щытмэ, апхуэдэ цӀыхум гъусэ фыхуэмыхъу. Апхуэдэ цӀыхум икӀи фыдэмышхэ.
12Члисэ зэхуэсым щымыщхэм хьэкум ятесщӀыхьыну си Ӏуэху хэлъ? Члисэ зэхуэсым щыщхэр аракъэ хьэкум фэ зытефщӀыхьын хуейр? 13Члисэ зэхуэсым щымыщхэм Тхьэм хьэкум ятрищӀыхьынущ. Аращи, «ЦӀыху бзаджэр зыхэвгъэкӀ».#5:13 цӀыху бзаджэр зыхэвгъэкӀ – еплъ 1 Мусэ 17:7.

Currently Selected:

1 Кор. 5: KbdNTGP2017

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in